Current problems of functioning of the Kabardino-Circassian literary language
- Authors: Bakov K.I.1
-
Affiliations:
- The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
- Issue: No 3 (2025)
- Pages: 492-503
- Section: Essays, notes, reviews
- Submitted: 01.10.2025
- Published: 15.12.2025
- URL: https://journals.rcsi.science/2542-212X/article/view/316390
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2025-3-492-503
- EDN: https://elibrary.ru/XWTQEA
- ID: 316390
Cite item
Full Text
Abstract
The article discusses the issues that have been raised but not resolved for many years, despite the abundance of conferences, round tables, discussions at the Parliament level and publications in newspapers and magazines. The main obstacle is that neither Kabardino-Balkaria, nor Karachay-Cherkessia, nor Adygea have a state terminology commission (neighboring republics do not have one either). The issue of borrowing foreign vocabulary in the Kabardino-Cherkess language is of particular concern. This study subjects linguists, journalists, and teachers of the native language to justified criticism, who compete with each other to replace long-borrowed and well-established terms and words with artificially invented analogs. Their actions are reminiscent of the "Slavophiles" in Russian linguistics of the distant past, who were ridiculed and stopped at that time. Numerous examples prove the groundlessness (and sometimes stupidity) of the positions of some authors. Some recommendations are given for getting out of the existing picture of the functioning and preservation of the native language. The issues of orthoepy, which our linguists do not deal with, are also touched upon. The author calls for adhering to the norms of the literary language. In conclusion, conclusions are made based on many years of observations of the work of educational institutions and the media in the areas of Adyghe literature, and several recommendations are given.
Full Text
Иужьрей илъэсхэм адыгэбзэм тепсэлъыхьхэр, абы и щыIэкIэм, и къэкIуэнум иригузавэр нэхъыбэ хъуурэ макIуэр. Ар гурыIуэгъуэщ, лъэпкъ зэхэщIыкIым зэрызиужьым и зы щапхъэщ. Адыгэбзэр адыгэ псоми ди зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ, хэти хуитщ бзэм теухуауэ и еплъыкIэ къыхилъхьэну, ауэ нэхъыщхьэу щытын хуейр адыгэбзэр зи IэщIагъэхэм я псалъэрщ, егъэджакIуэхэрщ, щIэныгъэлIхэрщ, журналистхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а иужьрейхэм бжьыпэр яубыдауэ «иракъутэкI». Сэ пщIэшхуэ яхузощIыр журналистхэм (сыщыцIыкIум си хъуэпсапIэу щытащ журналист сыхъуну), Къэрэшей-Шэрджэс университетым сыщылажьэу Ищхъэрэ Кавказым псом япэ а IэщIагъэр филологием гуэдзэн хуэсщIри программэм хэзгъэхьащ, етIуанэ IэщIагъэ сщIащ, газетхэм сахуотхэр, телевидениеми радиоми сахуэхамэкъым, журналист Iэджи си ныбжьэгъущ. Зы грек Iущ гуэрым жиIэгъащ: «Платон мне друг, но истина дороже». Абы и чэнджэщым сытехьэнщи псом япэ си губжьыр ятескъутэнщ журналистхэм. Абы ящыщ гуэрхэр яхыхьащ «пхъэхуей жэхапхъэкIэ адыгэбзэр зыпхъэнкIыну» утыку къихьахэм.
Дунейпсом теткъым зы бзи нэгъуэщIхэм я псалъэ езым ейм химыгъэхьэу. Я беягъкIэ, цIыху мелуанхэр щыхуэныкъуэкIэ пашэ инджылыбзэ, испаныбзэ, французыбзэ, хьэрыпыбзэхэм хамэкъэралхэм я псалъэу хагъэхьахэр процент 30-40-хэм зэрынохьэсыр, ауэ а бзэхэм къащта, куэд щIауэ хэт псалъэхэр къыщыхадзыжыр закъуэтIакъуэщ. АбыкIэ тыркухэм уадэплъей хъунукъым. Тыркухэм я императору щыта Ататюрк (и цIэ къудейр плъагъукъэ – ата + тюрк – Тыркум и адэ!) Iуэху куэд лъэпкъыр хуилэжьащ, ауэ я бзэм ирищIар хьэдэгъуэдахэщ – абы я бзэм хэт хьэрып, иран псалъэхэр егъэлеяуэ хыригъэдзащ, уеблэмэ и IукIэр нэхъ дахэ ищIын папщIэ макъ гуэрхэри дигъэкIуащ. Сыт абы къишар? Илъэсищэ бжыгъэкIэ Тырку Империем къигъэсэбэпар нобэрей тыркухэм къагурыIуэкъым, абы «уэсмэныбзэкIэ» йоджэр. Лъэпкъым и блэкIа культурэр зыкъомкIэ игъэмэщIащ. Илъэс Iэджэ хъуауэ а уэсмэныбзэмкIэ тхахэр нобэрей тыркубзэм хуагъэкIуэж зэман куэди, ахъшэ куэди трагъэкIуадэу. Тырку лъэпкъхэу нобэ щыIэр тIощIым щIегъур, абыхэми зыкъомкIэ и зэран екIащ Ататюрк бзэм ирищIахэр. Материал къэдгъэсэбэпахэр газетхэм, журналхэм къитхащ, ди интервьюхэм щыщи хэтащ. Радиом къитхэм илъэс бжыгъэкIэ дызэдэIуауэ зэхуэтхьэсахэри, телевизоркIэ адыгэбзэкIэ къита нэтынхэм я Iыхьэ зыбжани тещIапIэ тщIащ, ахэр мащIэкъым, конференциехэм щыжытIа гуэрхи хэтщ.
Сыт хуэдэ бзэми хуэсакъын хуейщ, егупсысауэ хамэ псалъэ хэгъэхьэн хуейщ, щхьэусыгъуэншэуи псалъэ хэдзын хуейкъым. Дауэ щыт абыкIэ нобэрей адыгэбзэр? – КIэщIыу жыпIэмэ «къызэрыкIуэм и мэш» жыхуаIэм хуэдэщ. Хэхауэ абы и унафэ зыми ищIкъым. Адыгэбзэ зэрырагъаджэм куэд топсэлъыхь. Бзэр зэрырагъэдж учебникхэр зэрыкъэралу хуаухуа стандартым тетщ, абы къридзэркъым бзэ къэскIэ зэрызиужьар, и тхыдэр, и методикэр, и кадрхэм я зэфIэкIыр нэгъуэщIхэр.
Къалэм дэс адыгэхэм я бынхэм анэдэлъхубзэр нэхъ мащIэу ящIэ, зымыщIэххэри мащIэкъым, ауэ ахэр зэрырагъаджэ тхылъхэр егъэлеяуэ гугъуу зэхалъхьэ. Сабий къалэм щыпсэухэр адыгэбзэкIэ егъэджакIуэ, журналист е нэгъуэщI адыгэбзэм пыщIа IэщIагъэлI хъунукъым. Ахэр тхэфу, псэлъэфу егъэсэнырщ зыхуэунэтIын хуейр. Иджырей учебник класс нэхъыщIэм теухуахэр бзэр зыщIэми зымыщIэхэми хуагъэхьэзыр. Псалъэхэр зымыщIэхэм я унэ лэжьыгъэхэр кудащ бзухэм, псэущхьэхэм я цIэ щIагъуэрэ къамыгъэсэбэпыжхэмкIэ, кроссвордым нэхъей ахэм гугъу ирагъэхьыр сабийхэм я закъуэкъым, атIэ унэлэжьыгъэхэр ягъэзащIэр я анэ-адэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, я гъунэгъухэм. Я насыпкъэ унэлэжьыгъэ еджакIуэхэм езымыт къэралхэм (ахэри щыIэщ).
Бзэр зыщIэхэмрэ зымыщIэхэмрэ зэхэсу ебгъэджын хуейкъым. ЕтIыуанэхэм я къалэныр гъэпсынщIэн хуейщ. Москва сыт жаIэн жэуэ ущIыщысын щыIэкъым ди республикэхэм къэралыгъуэ гуэр жаIэр пэжмэ. Метод къыхэтхар пыщIащ проблемэ зэпкъырытхым, егъэпщэныгъэ Iэмалыр нэхъыщхьэщ, бзэр пасэм къэдгъэсэбэпу зэрыщытамрэ, ар нобэ зыхуэкIуамрэ зэдгъэпщащ, анализ тщIащ лексикэр, къэтхьэхуа хамэ псалъэхэр.
Къэхутэныгъэр щедгъэкIуэкIым адыгэбзэм и блэкIар, и нобэр, и пщэдейр щIэтпщыкIащ абы сэбэп къэзыхьхэмрэ зэран къэзышэхэмрэ зэхэдгъэкIын мурад диIэу. Хронологие Iэмалым дытету едгъэкIуэкIащ ди псалъэмакъыр, ауэ нэхъыбэу гу зылъыттар нобэ къэбэрдей шэрджэсыбзэр зэрыхуа лъэпощхьэпохэрщ.
Тхыбзэ диIэ щыхъуа илъэсхэм хамэ терминологие куэд, псом хуэмыдэу урысыбзэ псалъэхэу къыхыхьащ адыгэбзэм. ЕджапIэ къызэIуахахэм, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ зэфIэувэхэм, газет, журнал къыдэкIхэм, театр къызэIуаххэм, усакIуэхэм, тхакIуэхэм къагъэсэбэпу щIадзащ термин, фIэщыгъэцIэ димыIа куэд дыдэ. Бзэр, литературэр зыджхэм къагъэсэбэпу щIадза терминхэр псалъэухахэм щыхагъэувэм адыгэбзэу хэтыр суффикс, префикс къудейт. Апхуэдэт грамматикэм пыщIа терминхэри, литературэдж щIэныгъэм ехьэлIахэри. Илъэс куэд дыдэ текIуэдащ ахэм ящыщ гуэрхэр адыгэ псалъэкIэ зэтхъуэкIыным.
Псалъэм папщIэ, къэтхьынщ щапхъэ зыбжанэ: стихи – усэ, поэт – усакIуэ, рассказ – Iуэтэж (мыр Хъуаж Фахъри и фIыщIэкIэ бзэм иджы дыдэ къищтащ), литературоведение – литературэдж щIэныгъэ, народ – цIыхубэ, обществэ – жылагъуэ, нэгъуэщIхэри.
Мыхэр нэхъыбэ хъунут адыгэхэм, нэгъуэщI ди гъунэгъу лъэпкъ куэдхэми блэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, революцэм иужькIэ тхыбзэ щызэхалъхьэм адыгэ псоми зэхуэдэу зы тхыбзэ яухуатэмэ, политикэм щышынэу хамэкъэрал, урыс термин куэдыIуэ къамыщтатэмэ, уеблэмэ урыс суффикс узыхуэмей гуэрхэри IэщIыб ящIатэкъым. Псалъэм папщIэ, илъэс куэд щIакъым урыс суффикс «ск» жыхуиIэр къэдмыгъэсэбэпыж зэрыхъурэ. (Ар зи фIыщIэр ди институтым щылажьэ филологхэрщ). Коммунистическэ Партыр – Коммунист парт хъуащ, Советскэ Союзыр – Совет Союз н.къ. Псом къагуроIуэр, сыту жыпIэмэ адыгэбзэм и хабзэмкIэ а суффиксым ухуейкъым, ар лейщ. Псалъэухам деж щыIэцIэхэмрэ плъыфэцIэхэмрэ япэ итым, иужь хъум я мыхьэнэр ехъуэжыр. Чырбыш унэ жытIэмэ (унэ чырбыш жытIэкъым) – чырбышыр плъыфэцIэ мэхъур, коммунист, Совет Союз жыхуиIэми а къалэн дыдэр ягъэзащIэр. Урыс суффиксыр урысыбзэм куэд дыдэу къегъэсэбэпыр, абы уэру къыхигъэхьэнущ ди бзэм хамэ псалъэхэр.
Нобэрей адыгэбзэм къигъэщIын хуей псалъэщIэхэм дытепсэлъыхьын ипэ и гугъу тщIыну абы къищта хамэ псалъэхэм тепсэлъыхьхэм дызыхаша лъэпощхьэпохэм. КIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъур апхуэдэ псалъэхэр зэхъуэкIын хуейуэ къэзылъытэхэр. Ахэм я нэхъыбэм фIы ящIэ къщохъур, ауэ адыгэбзэр «ПхъэнкIын» хуейкъым, лъэныкъуэ зыбжанэкIэ егупсысыпхъэщ проблемэм. Адыгэбзэм куэд хэзмыщIыкIхэм, ар зи мыIэщIагъэхэм, къимылэжьауэ зи цIэр зыгъэIунухэм я Iуэхур щхьэхуэщ, ауэ сэ сызыгъэгузавэр абыхэм егъэджакIуэхэр, университетхэм щылажьэхэр, журналист газетхэм, радиом, телевидением щылажьэхэр зэрахэтыр. Ахэм я IуэхуеплъыкIэхэм сызэрыхуэмыарэзыхэр сэтей къэсщIынщ ди тхыгъэм.
Сэ си гъащIэм и Iыхьэшхуэр щекIуэкIащ университетым литературэ зэхуэмыдэхэр щезгъаджэу, къэсхутэу, абы щыщу адыгэбзэкIэ езгъэджащ илъэсипщIкIэ, щIэныгъэ лэжьыгъэу къытездзам и нэхъыбэр адыгэ литературэм теухуащ, ауэ мащIэкъым адыгэбзэм и Iыхьэри. Курыт еджапIэм адыгэбзэкIэ сезыгъэджахэр Тут Михаилр (усакIуэт) Кхъуэхъу Цуцэрэщ (тхакIуэ Iэзэт). Сыщеджар интернат Черкесск дэт школ нэхъыфI дыдэм хабжэу щытарщ. Университетым адыгэбзэрэ литературэрэ сезыгъэджар АбытIэ Мухьэб, Урыс Хьэталий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей сымэщ. Ахэм урагъэджауэ адыгэбзэр фIыуэ умыщIэныр гуэныхьщ. Аращ сытезыгъэгушхуэр зыгуэрхэм адыгэбзэм теухуауэ жаIэхэм, ятххэм сыщIемызэгъыу щытым сытепсэлъыхьын. Псом япэу, илъэс куэд пщIэншэу тедгъэкIуэдащ ди алфавитыр «ремонт» щIыну е латин графикэкIэ зэхъуэкIын хуейуэ къэзыгъэувхэм япэщIэтыным. Иужьрейхэм нэхъ ерыщу къытпэщытахэр Тыркум щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэрщ. Ахэр тырку политикхэм ягъэдэIуэщхъут езыхэр зытет латин алфавитхэм адыгэхэри трагъэхьэну. Тырку къэралыр Евросоюзым хыхьэну хуейти адыгэхэр я бзэкIэ тхэну, мащIэу еджэну, телевизорми дакъикъэ зыбжанэ яIэну хуит ящIати, ахэр зэрытхэн алфавитыр къыхахыну Дунейпсо конгресс зэхашащ 2003 гъэм «Анкара» деж. Ди республикэхэм икIыу абы хэтащ: БищIо Борис (Къэбэрдей-Балъкъэр), БакIуу Хъанджэрий, ПIаз Сергей (Къэрэшей-Шэрджэс), Благъуэжь Зулкъарин (Адыгей), Сирием, Иорданием, Европэм къикIа зыбжанэ.
Тыркум и лIыкIуэхэм я еплъыкIэр зэрымытэмэмыр ягурыдгъэIуэну дыхэтащ. А къэралым щыпсэу адыгэхэр зэреджэр тыркубзэщи абыхэм я дежкIэ нэхъ тыншщ адыгэбзэри езыхэм я латин графикэр. Хьэрып къэралхэм щыпсэухэм я деж хьэрып граффикэм, Урысейм щыпсэухэм кирилицэ лъэпкъ куэдым къагъэсэбэпыр нэхъ Iэрыхуэ хъуну къыщIэкIынт, ауэ адыгэ псоми я хьисэпыр къэплъытэмэ, а еплъыкIэм арэзы утехъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Совет Союзым къина адыгэхэм адыгэбзэм, адыгэ культурэм теухуауэ куэд дыдэ яхузэфIэкIащ: адыгэбзэр щаджыр курыт еджапIэхэм, университетхэм, адыгэбзэкIэ къыдокI газетхэр, журналхэм, литературэм и жанр псомкIи къыдэкIахэщ тхылъ мин бжыгъэхэр, адыгэбзэкIэ ягъэувыр пьесэхэр. А псор къызэрагъэщIа алфавитыр зэпхъуэкIмэ аргуэру еджэфи тхэфи щыIэжынукъым, къытщIэхъуэхэм яфIэкIуэдынущ илъэсищэкIэ зэфIэдгъэува культурэр. Хамэкъэрал щыпсэу адыгэхэм абы и Iыхьэ щани ирагъэщIакъым. МахуиплIкIэ дызэдэIуащ. (Нэхъ гуащIэу сэращ япэщIэтар тыркухэм я лIыкIуэхэм, дэ къыддэщIащ Сирием, Иорданием, Европэм къикIа адыгэхэр).
Илъэс зыбжанэ дэкIри ди дауэгъухэм къагурыIуэжащ зэрымызахуэр, ауэ тырку щылъхухэм (ахэр лъэпкъ 23-м носыр) мыувыIэу а проблемэм хэтщ. Нэхъ проблемэ цIыкIукъым нобэрей адыгэбзэм зэрызиужьыным ехьэлIа гуэрхэр. Ар щынэрылъагъущ лексикэм, бзэм псалъэщIэу къыхыхьэм, хэкIыжхэм. Мис мыбдежым жыджэру еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм я бжыгъэр нэхъ куэд хъууэ макIуэр. Адыгэбзэр къэрал унафэм щыщIэмыткIэ щхьэж и щхьэ къихьэр жеIэр, етхыр. Нэхъ зэранышхуэ къэзыхьхэр адыгэбзэм илъэс куэдкIэ хэта, хэзэгъа термин, латиныбзэм, урысыбзэм тхыдэшхуэрэ, культурэшхуэрэ зиIэ «дунейпсо бзэуэ къалъытэхэм къахэкIахэр хэдзын хуейуэ, адыгэбзэ «къабзэ» щIын хуейуэ къэзылъытэхэрщ. Щапхъэр гъунэжщ. КъыщIэздзэнщ си хэкуэгъу Къэрэшей-Шэрджэсым щыщхэу пщIэ зыхуэсщIхэмкIэ. Брат Хьэсин Республикэм и щIыхь зиIэ журналистщ, филологие щIэныгъэмкIэ кандидатщ. Бзухэм ятеухуа тхылъ щхьэпэ къыдигъэкIащ псэущхьэм триухуари къытекIынущ. Илъэс зыбжанэкIэ адыгэбзэкIэ диктору Черкесск деж щылэжьащ. («Шэрджэс Левитан» цIэр теIукIащ, Левитан и чэнджэщ къылъысащ). А псори фIыщ, ауэ абы и статья «Анэдэлъхубзэр дяпэкIи щыIэну дыхуеймэ», жыхуиIэм щитххэм арэзы утехъуэныр гугъущ, укъэзыгъэгубжьи, уи дыхьэшхэн къэзыгъакIуи хэтщ. Псалъэм папщIэ абы етхыр: «Игъуэ хъуащ «топ» псалъэр зыхэт спорт джэгукIэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ жытIэну: «футбол» – лъэтоп, «баскетбол» – матэтоп, «гандбол» – Iэтоп, «волейбол» – топзэхуэдз». Авторым и фантазием утетмэ, езы «топ» – жыхуиIэри тыркубзэщ. Ар сыткIэ зэпхъуэкIыну. Футбол джэгукIэр Англием щыпсэухэрщ. Дэ дыщыцIыкIум дызэрыджэгуу щытар «бацэ топщ» [Братов 2022]. Абы идэкъым килограмм псалъэр (латиныбзэм къыхэкIар) щIатхыр, «металл» псалъэм и пIэ «дахащэу нэхъ шэрыуэу» «гъу(ъ) терминыр «хэувэну къелъытэр» [Братов 2022]. Урысыбзэм езым къищта хамэ псалъэ куэду ди бзэми къыхэхьащ. Апхуэдэхэщ Хьэсин Iумпэм ищI терминхэу: конгресс, комиссие, форму, семинар, инвестицие, субсидие, кредит жыхуиIэхэри, ахэм щыщ хъарзынэу адыгэ псалъэ ящIыу жеIэр: конгрессыр – зэхуэсышхуэ, конференциер (щIэныгъэ конференциер Хъуат Фахъри зэрехъуэкIыр (щIэнIуатэкIэ).
И цIэр къыщитIуакIэ Хъуаж Фахъри деж дыкIуэнщ. Ар зымыцIыху адыгэ куэд щыIэкъым, дин IэщIагъэмкIи, юрист IэщIагъэмкIи ищхьэ щIэныгъэ иIэщ. Илъэс куэд щIауэ адыгэ лъэпкъым хуолажьэр, Хасащхьэм хэтщ, Тыркуми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми илъэс бжыгъэкIэ щыпсэуащ, щылэжьащ, куэд ещIэр, куэди хузэфIокIыр, фIыуи солъагъур, ауэ абы «и щхьэфэ симыIэбэу» хъунукъым къэсIуэта проблемэм ехьэлIауэ. Абы адыгэбзэ ищIащ «рассказ» урысыбзэ терминыр, ар зэрызэрихъуэкIа псалъэр – «Iуэтэж» жыхуиIэр хуэфащэу, бзэми къищтэ хуэдэщ, ауэ адрей зэрихъуэкIыну къигъэлъагъуэхэр лейуэ къызолъытэр: физкультурэ – пкъыгъасэ, компьютер – щIэныгъэпс, память – Iурыубыдэ, руль – гъэзалъэ, доска – тетхапIэ, диктофон – макъыщтэ машынэ, пидджак – цей кIэщI, пенсия – гуфIапщIэ (куэдым я пенсием уигъэгуфIэн си гугъэкъым). Адыгэм куэд хуэзыщIа, хамэкъэрал къикIыжу и хэкужьым илъэс зыбжанэ щыпсэужа Абазэ Ибрэгими. Мыбы адыгэхэм къэдгъэсэбэп псалъэ зыкъом къритхэкIащ, ахэр къызыхэкIа бзэхэмрэ адыгэбзэкIэ къикIуу къилъытэхэр бгъурыту. КъыхэттхыкIынщ арэзы дызытемыхъуэхэр, зэхъуэкIын хуэмейхэр, зэрызэридзэкIар мытэмэмхэри хэту:
Район – латин. – жылагъуэ ?
Гуэныхь – араб. – псэкIуэд ?
Тэмэм – араб. – ирикъун ?
Хьэлэмэт – араб. – гъэщIэгъуэн – мыхэр куэд щIауэ хэт адыгэбзэм
Делэ – тырку. – щхьэзэ – мыр нэгъуэщIщ, узыфэщ.
Уахъты – араб. – и пIалъэ, мыр хэтщ бзэм.
Сатыр – араб. – аргъынэ – мыбы къикIыр нэгъуэщIщ.
Зэчий – араб. – губзыгъэ – мыбы къикIыр нэгъуэщIщ.
Куей – фарс. – къуажэ.
Ахъшэ – тырку. – нэгъуэцIу – мыр диалект, ахъшэр псоми ящIэр.
Къалэм – араб. – тхэрыпс, мыбыи зыкIи дыхуейкъым.
Шакъэ – араб. – тхэпс – мыри узыхуэмей фантазиещ.
Нэмыс – араб. – щIыхьышхуэ – тэмэмкъым?
МелыIыч – араб. – тхьэбзащIэ – сыткIэ ухуей?
Анатомия – латин – Iэпкълъэпкъ – нэхъыкIэжщ, щыуагъэщ.
Хъарбыз, хъэуан, мамэ, хьэзыр, хьэрэм, Iэмал, хьэтыр, фейдэ, ахъшэм, сэлэт, армэ жыхуиIэхэр адыгэ псоми ящIэр, ахэр куэд щIауэ къыдогъэсэбэпыр, зэхъуэкIын хуейуэ зыми къигъэувыркъым.
Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм, псом хуэмыдэу ди хэкум къэзыгъэзэжахэм лъэкIыныгъэ яIакъым иджыри яIэкъым адыгэбзэр школхэм щаджыну, и гугъэ умыщIыххэ и щхьэ еджапIэхэм. Ахэм фIыщIэ гуапэ яхуэщIын хуейщ адыгэбзэм зэрытегузэвыхьым щхьэкIэ, ауэ къагъэув хэкIыпIэхэр щIэныгъэм теухуахэкъым. Дэ къэрал дыщыпсэур Урысейщ, къэралыбзэр урысыбзэщ, урысыбзэращ къызыхэтхыр дунейпсо цивилизацэм къигъэщI щIэныгъэхэм, политикэм, къэхъукъащIэхэм, тхыдэм, литературэм пыщIа терминхэр, псалъэщIэхэр. Урысыбзэр, шэч хэмылъу тхыбзэ кIасэу зыIэрыхьа лъэпкъхэм я къыхэкIыпхъэщ, зыгъэбейщ, ауэ абы ижь къызэрыщIихур лъэхъэнэ къэс зэхуэдэкъым. 20-40 гъэхэм урысыбзэ куэдыIуэ къыхыхьащ. Ахэр нэхъ мащIэ хъууэ щIидзащ иужьрей лъэхъэнэхэм, ауэ урысыбзэм ди бзэм кърита псалъэхэм мащIэкъым езы урысыбзэм къихьэхуа терминхэри. Куэдщ латиныбзэ нобэ мыпсэтым къыхэкIахэр, хьэрыпыбзэм, тыркубзэм, инджылыбзэм, французыбзэм, испаныбзэм, нэмыцэбзэм къыхэкIахэр. Ахэм урысыбзэкIэ зэреджэр «интернациональная лексикэ» жэуэщ. Мис абыхэм хуэсакъын хуейщ, ахэм я нэхъыбэр адыгэбзэм куэд щIауэ хэтхэщ, хэсыхьащ, ди блэкIа лъэхъэнэхэм лъэпкъым илэжьа тхыгъэхэм уэру хэтщ.
ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, иужь зэманым ахэр адыгэбзэм хэзыгъэкIыным я бжыгъэр хэхъуэ зэпытщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди блэкIа культурэм и зэран зезыхуэхэм япэщIэтыным ипIэкIэ ди журналистхэм зэпеуэу (Къэбэрдейм дежи, Шэрджэсми, Адыгейми) езыхэм термин дызэсахэр зэрахъуэкIыр абыхэм яхуэмыфащэ псалъэхэмкIэ. Къэтщтэнщ «район» псалъэр, сыт ар «хьэрэм» щIащIыр. Мыр нэхъыбэ дыдэрэ къагъэсэбэпыр адыгэбзэми, литературэми, политикэм хэтхэми, документ минищэ бжыгъэхэми. Ди щIэблэ къэхъухэм, къэхъунухэм дауэ къазэрыгурыIуэнур абы и мыхьэнэр.
Районыр куейкIэ зэрахъуэкIащ. Бзэ куэдым къагъэсэбэп «районыр» а мыхьэнэр къызэрымыкI тырку псалъэ «куейкIэ» хагъэхьащ журналистхэм. Абы ипэ къихуэу районым арэзы темыхъуэхэм вариант зыбжанэ утыкум къыралъхьащ: хэшыгъуэ [Сидакова 2015: 21], куэпсэ [Тлимахова 2019: 170]. Мыбы и щапхъэхэр мащIэкъым. Хэти зэрехъуэкI: композитор – мэкъамэтх, балетместер – къафэгъэпс, библиотекэ – тхылъэщ н.къ. ЗэхъуэкIын хуей «нэм къыщIэуэу» къагъэсэбэп къуажэкIэхэм я фIэщыгъэцIэхэр – «Малэ Зеленчук» (КъШР), «Верхно Акъбаш» (КъБР) нэгъуэщIхэр. Ди бзэм хэмыт къыпщыхъунщ «Малэ», «Верхнэ» псалъэхэм пэшэчын.
Арэзы сытехъуэкъым (нэмыщI куэд дыдэхэми яфIэтэмэмкъым) «культура» псалъэр IэщIыб ящIыну «щэнхабзэ» зэрыхагъэхьар. Лъэпкъ зызыужьауэ дунейм тетым «культурэ» псалъэр хэтщ, ар мыхьэнэ куэд дыдэм епхауэ къагъэсэбэпыр: культура речи, культура производства, культура поведения, культура земледелия, животноводства н. къ. Iэджэ. Дэ дынэхъ Iущу пIэрэ псом нэхърэ? Энциклопедиери «щIэнгъуазэу» къыщIэкIынкъым. Ди зэманым адыгэхэми, дэр хуэдэу тхыбзэ гувауэ къызыIэрыхьахэми я бзэм хамэ къэрал, псом хуэмыдэу урыс псалъэ куэдыIуэ къыхэхьащ, ахэр щIэныгъэ димыIахэм, хьэпшып, псэуалъэ нэгъуэщI димыIахэм я гъусэу къэкIуахэщ. Ахэм я фIэщыгъэцIэхэм щыщу зыкъоми «адыгэбзэкIэ» зэрахъуэкIащ лъэхъэнэ зыбжанэкIэ, ауэ нобэ хуэдэу емыгупсысу «адыгэбзэр зыпхъэнкIын» куэд утыкум къихьакъым.
Иджыри зы щапхъэ къэсхьынщ лъэпкъыр гупитI хъуауэ щIызэдауэ Iуэху. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи «интернациональная лексикэ» жыхуиIэ термин лъэпкъышхуэхэм къагъэсэбэпыр календарым щыщ мазэцIэхэр. Ахэр ди бзэми зэман куэдкIэ хэтащ зыри зэгуамыгъэпу, гукъанэ хуамыщIыу. Ахэр: январь, февраль, май …» жыхуэтIэхэр. Адыгэ псалъэм щылажьэ, пщIэшхуэ зыхуэсщI, щIэныгъэ лъагэ зиIэ щIалэжьитI еувалIэри а псори адыгэбзэ ящIащ. Ахэр цIыхубэм еупщIахэкъым (хэт ахэм еупщIахэр). Сэ цIыхубэм сащыщти, сапэщIэуващ, ауэ къысхуэгъэшахэкъым. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Iэджэми соупщIыр: зэрыщытар нэхъыфIт хьэмэрэ нобэ зэращIар (… бадзэуэгъуэ, мэкъуауэгъуэ, щакIуэгъуэ…) тэмэму къэфлъытэрэ? ЦIыхухэм я нэхъыбапIэм къыхахыр япэу зэрыщытарщ.
Псалъэм папщIэкIэ, къэсхьынщ Хьэбэз къуажэм адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэр, методистхэр, районым и унафэщI гуэрхэри щIэсу дытепсэлъыхьт егъэджэныгъэм, бзэр хъумэным, абы зегъэужьыным теухуауэ. Си къэпсэлъэныгъэм и кIэм деж захуэзгъэзащ: мазэцIэхэр зэрыщытамрэ иджы ахэр адыгэбзэкIэ зэрызэрахъуэкIамрэ сытым фырителъхьэ – жысIэри. Я Iэр езгъэIэтати, цIыху ищIым щIигъум щыщу зыплIытху фIэкIа къахэкIакъым иджы зэращIам и телъхьэу. Япэрауэ, зэуэ псалъэ 12 зэуэ яхузэгъащIэкъым нэхъыбэм. ЕтIуанэу, цIыхубэ календарыр яхъуэж зэпытыр цIыхубэм, терминхэмрэ я мыхьэнэмрэ щызэтемыхуэри имызакъуэу дыхьэшхэн щыхъуи щыIэщ. ЩIыпIэ зэхуэмыдэхэм дежи щызэтемыхуи урохьэлIэр. Къэтщтэнщ ПащIэ Бэчмырзэ и зэманым мазэцIэхэм еджэу зэрыщытар (Абы и ныбжьэгъу Чэлимэт Хьэжумар зэрыжиIамкIэ: щIышылэ, мазэхъуанэ, уэдыбэ, уэдыжьыхь, накъыгъэ, напхъуэ, шыщхьэIу, хьэстул, фокIадэ, вэн, тхьэщIэн, пхъэзей. Абы щыщу ди деж къэсар нэхъ мащIэщ хэкIыжам нэхърэ. МазэцIэхэр гъэм и лъэхъэнэм хуэдэу зэрахъуэкI щыгъынкъым. Дунейпсом щызокIуэ январь, февраль, март, апрель… жыхуэтIэхэр илъэсищэ куэдкIэ зэрамыхъуэкIыу, псори арэзыуэ зокIуэр. Дэнэ нобэ дызыхуаша календарыр вариант зыбжанэу ягъэхъыбэращ «адыгэр нэхъыфIыу зылъагъухэм».
Иджыри зы лъэпощхьэпо хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтыну Iэмал щIагъуэ зимыIэу: Адыгэ псомт я зэхуэдэу литературэбзэ ухуэным теухуауэ. Куэдрэ емыгупсысу ар псынщIэу зэбгъэпэщыну жызыIэр мащIэкъым. Абы жаIэр: дэнэ щыпсэу адыгэхэри псори дызылъэпкъщ (ар пэжщ, зыри пылъхьэн хуейкъым), дызэрыпсалъэри зы бзэщ, тIэкIу деIэзэмэ, тхуэщIынущ зы литературэбзэ. Мис мыбдеж шэч къытехьэн хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Адыгейм щыпсэу адыгэхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэмрэ я бзэр зэпэIэщIэ хъуащ, лексикэм имызакъуэу зэтемыхуэ хъуащ макъ зыгуэрхэри. Иужьырейр нэхъ проблемэшхуэщ.
Урыс-Кавказ зауэ илъэсищэкIэ екIуэкIам зэпэIэщIэ ищIащ Псыжь адэкIэ щыпсэуа нобэ «адыгей» хъуахэмрэ Псыжь мыдэкIэ щыпсэуа къэбэрдейхэмрэ. Ахэр зэкIэлъыкIуэн ялъэкIтэкъым, абы къишэт я псалъэкIэри зэпэIэщIэ хъуныр. Ауэ гъэщIэгъуэнщ: къэбэрдейхэм я бзэмрэ адыгейхэм я бзэ хъуамрэ нэхъри зэтемыхуэ щыхъуар тхыбзэ яIэ хъуа нэужьщ. Революцэ зыщIа коммунистхэм (большевикхэм) адыгэхэр лъэпкъищу ягуэшащ: кабардинцы, черкесы, адыгейцы, ахэр субъектищым (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм) щыпсэу хъуащ. Псоми я алфавитыр щхьэхуэу зэхалъхьэну къалэн щащIащ япэрей щIэныгъэ зыгъуэта гуэрхэм. Адыгеймрэ къэбэрдейхэмрэ я литературэбзэм лъабжьэ хуащIар диалект зэхуэмыдэхэрщ, я алфавитхэми я зэхуэдэ макъхэр зэхуэмыдэ хьэрфкIэ къыщагъэлъагъуи хыхьащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ хамэкъэрал щыпсэу адыгэ тхыбзэ зимыIэхэр, диалект зыбжанэкIэ псалъэхэр нобэ нэхъ зэгуроIуэр нобэрей къэбэрдейхэмрэ адыгейхэмрэ нэхърэ. Ар и Iэужьщ зэтемыхуэ алфавит, зэхуэмыдэ диалектхэр зэрырагъаджэу зэращIам.
Адыгэ псоми я зэхуэдэ литературэбзэ пщIыныр егъэлеяуэ гугъущ. БзэщIэныгъэм нэхъ куэд дыдэ хуэзыщIа Къумахуэ Мухьэдин зэритхымкIэ ар тхузэфIэмыкIын Iуэхущ. Нобэ къэралым бзитIу къилъытащ адыгеибзэмрэ къэбэрдей-шжрджэсыбзэмрэ, ахэр щхьэхуэу щаджыр курыт еджапIэхэми университетхэми. ТIум языр къыхэпхын хуейщ е зы бзэр текIуэн хуейщ. А тIуми еувэлIэнукъым къэралри езы республикэхэри. Апхуэдэ реформэхэми илъэс куэд дыдэ ихьынущ. Дауэ щытми ди Iэр зэтедзауэ, нэхъри зэпэжыжьэ дызэрыхъум деплъу дыщыс хъунукъым. Сэ сызэреплъымкIэ зэпэIэщIэ дызэрыхъур къэгъэувыIэн хуейщ. ПсалъэщIэу ди бзэхэм къыхыхьэхэр дызэгурыIуауэ зэхуэдэ фащэм игъэувэн хуейщ. КъыдэгъэкIын хуейщ адыгейхэми къэбэрдей-шэрджэсхэмрэ я зэхуэдэу хэт псалъэхэм я псалъалъэ. Дыхуейщ дызэрызэтемыхуэ псалъэхэми я псалъалъэ. Ди алфавитхэм еIэзэщIэн хуейщ Къумахуэ Мухьэдин и чэнджэщхэм тещIыхьауэ [Кумахов 2006: 40-49].
Иджыри зы лъэпощхьэпо бзэщIэныгъэм щIыпIэ хэха щимыгъуэтауэ. Дэ куэдрэ дытопсэлъыхь дызэрытхэм, ауэ и гугъу тщIыкъым дызэрыпсалъэм, «орфоэпие» жыхуиIэм. Сэ зи гугъу сщIыр унэм, уэрамым дыщызэрыпсалъэр аракъым, атIэ литературэбзэм къигъэув мардэм тет псалъэкIэр. Ар зыIурылъыр щIэныгъэлIхэрщ, егъэджакIуэхэрщ, журналистхэрщ, тхакIуэхэрщ. Мыхэр хуэсакъын хуейщ я псалъэкIэм, хабзэм тетын хуейщ. Мы Iуэхур хьэдэгъуэдахэ щIыхужыпIэн щхьэусыгъуэхэр мащIэкъым. Мыбы теухуауэ илъэс куэд хъуауэ содаIуэр радиом, соплъ теленэтынхэм, соджэ газетхэм, щыуагъэу ящIхэр къыщIызотхыкIыр. Урысыбзэ псалъэхэр имычэзууэ жызыIэхэр ауан ящIыр ди тхакIуэхэм, артистхэм. Сэри нэхъ гъэщIэгъуэну зэхэсха гуэрхэр къэсхьынщ: «Поздравить фызощIыр» (къуажэм дэс фызыжьщ жызыIэр), «Праздникыр отмечать дощI, ди руководителхэри ди гъусэу», (къуажэм дэс ухуакIуэщ), «Квартирэм и балконыр хуитщ, кушеткэм уису спать пщIыну фIыщ» (сэ унэ сылъыхъуэу адыгэ фыз гуэрым къызжиIащ), «Алыхь, не знаю» (Адыгэ тыкуэнтесым къызжиIащ), «Первый автору» нэгъуэщI куэд.
Апхуэдэу нэм къыщIэмыуэми, литературэбзэм тет, псэлъэкIэми щымащIэкъым тэмэму мыпсалъэхэр. Гъунэжщ суффикс «къым» ипIэкIэ «Iым» жызыIэхэр: диIэIым – диIэкъым, пфIэфIIэ – пфIэфIкъэ, къыпхуэпсэлъIым – къыпхуэпсэлъкъым (мыхэр адыгэбзэкIэ радиом и нэтын закъуэм – 20.07.22 г. Къыхэтхащ, ауэ щапхъэхэр куэд дыдэщ, адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэми жызыIэхэри, журналистхэри мащIэкъым). Макъ «дж»-м ипIэкIэ адыгэбзэм хэмытыж макъ «г» жызыIэхэми урохьэлIэр: пщэдг`ыжь – пщэдджыжь, г`эдыкIэ – джэдыкIэ, иг`ыпсту – иджыпсту н. Апхуэдэу «кIы»м ипэкIэ бзэм хэмытыж макъ к` –къапсэлъ: шк`э – шкIэ, хэк`ыпIэ – хэкIыпIэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм къамыгъэсэбэпу къэбэрдейхэм лейуэ макъ щыхагъэхьэр гъунэжщ: фIэфIыуэ – фIэфIу, къыхихыуэ – къыхихыу, н. Щапхъэхэр хэзщ ятххэми къапсэлъхэми. МащIэщ, ауэ укъэзыгъэуIэбжь псалъэкIи урохьэлIэр «жысIащ» псалъэм ипIэкIэ «зысIащ» жэуэ, «гупсысэм» и пIэкIэ «гупсыпсэ» къэзыгъэсэбэп. Япэрей псалъэр «гупщысэ» жыхуэтIэр хамэкъэрал щыпсэу адыгэхэм ящыщхэми, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэхэм апхуэдэщ зэраIурылъыр, къэбэрдей закъуэрщ ар «гупсысэ» щыхъуар.
НэгъуэщI щапхъэ Iэджи къэпхьыфынущ адыгэ литературэбзэм и мардэхэм темыту щыпсалъэ, дэ и гугъу тщIыкъым унэм, уэрамым, къуажэм дэсхэу адыгэбзэр зи мыIэщIагъэхэм. Псом хуэмыдэу сакъын хуейхэр егъэджакIуэхэрщ, журналистхэр, щIэныгъэлIхэрщ, тхакIуэхэрщ. Иужьрейхэм бзэр къулей ящIыр, псалъэ шэрыIуэхэр, жыIэгъуэ дахэхэр хагъэхьэр бзэм. Ахэр я анэдэлъхубзэкIэ псалъэни, тхэни зэрыхуейм зыми шэч къытрихьэкъым, ауэ иужь зэманым урысыбзэкIэ тхэ адыгэхэр нэхъыбэ мэхъур. Ар къешэр ди гъащIэм къыщыхъу псэукIэм. ЩIэныгъэлIхэр зодауэр, хэти нэгъуэщIыбзэкIэ тхэным и телъхьэщ, хэти ар идэкъым. Идэкъым хамэбзэкIэ тхэныр осетин литературэдж цIэрыIуэ Нафи Джусойты. Ар и акъылэгъу дунейпсом къыщацIыху И. Тургенев, къэтхьынщ абы и псалъэ: «Вы верите, что я мог когда-либо написать хоть одну строчку на ином языке кроме русского?.. Для меня субъект, который выдает себя за писателя и пишет больше, чем на одном – а именно на своём родном языке… Жалкая бездарность… И не своем-то на родном, едва можно сладить с образами, с мыслями» К. Хетагуров согласен «лучше не скажешь и точнее – тоже» [Джусойты 2003: 72-73]. Апхуэдэу гуащIэу жыIэн хуей си гугъэкъым, аращ я псалъэхэм щыщ гуэрхэр щIыхэзгъэкIар. И мыбзэкIэ тхэхэм сыт хуэдизу тхакIуэ цIэрыIуэу щытми Тургенев я жагъуэ хъун псалъэ жиIэн хуеякъым. Хэти хуитщ зэрытхэн бзэр къыхихыну. БзитI-бзищкIэ хъарзынэу тхэуэ щытам хэтщ литературэм и тхыдэм, ауэ нэхъыфIу къыщIэкIынщ анэдэлъхубзэр къыхэхыныр.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, сэтей къэтщIащ адыгэ литературэбзэм нобэ щыщIэныгъэу иIэр, ар къызэрагъэсэбэпыр бзэм хуагъэува мардэхэм зэрытемыхуэхэр. Абы щхьэкIэ жытIахэр щIэдгъэбыдащ щапхъэ IэджэкIэ, а щапхъэхэр къыхэтхащ газетхэм, журналхэм, радиом, телевидением и нэтынхэм. Щыуагъэ къыщыдгъуэтащ егъэджакIуэхэм, журналистхэм, щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм. Зэрытхэм нэмыщI ди къапсэлъэкIэм и Iыхьэ лей хухэтхащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, «орфоэпием» елэжь ди щIэныгъэлIхэм яхэткъым.
ДызыкIэлъыплъа материалхэм проблемэ нэхъыщхьэу адыгэбзэр зыджхэри, ар къэзыхутэхэри зытелэжьэн хуейр адыгэ литературэбзэр зэрыхуа лъэпощхьэпохэр гъэмэщIэнырщ, ахэр епхащ нэхъыбэу бзэм къыхыхьэ псалъэщIэхэр егупсысауэ, адыгейхэми къэбэрдейхэми зэтехуэу къэщтэнырщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ бзэм хэкIыж псалъэхэм хуэсакъыным. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым адыгэбзэм куэд щIауэ къыхыхьа хэзэгъа урыс псалъэ, «интернационал» псалъэ куэд хэзыдзыну къэзыгъэувыр нэхъыбэ мэхъур. (Абы я щапхъэ куэд къэтхьащ). ЗыкIи нэхъыфIкъым ди псалъэкIэри, ар мащIэкъым литературэбзэм и мардэм щытемытыр. Дыщогугъыр дызыхуэкIуа чэнджэщхэр къащхьэпэну адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэм, студентхэм, ар къэзыхутэхэм, журналистхэм.
About the authors
Khangeri I. Bakov
The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
Author for correspondence.
Email: h.bakov@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-4194-1718
SPIN-code: 1525-2124
References
Братов Х. Если хотим, чтобы и дальшей продолжал существовать// Электронная газета «Адыгэ псалъэ». – 2022, 13 марта. – Режим доступа: https://apkbr.ru/node/3767 (дата обращения: 09.06.2025). Сидакова Б. Адыгский очаг Касейхабля// Лъахэ. – 2015. – С. 17-23. Тлимахова М. Открытый урок// Хэку. – 2019. – № 1. – C. 169-175. Кумахов М.А. О новом проекте унификации алфавитов и орфографии // Кабардино-черкесский язык (КЧЯ): в 2 т. Т. I. – Нальчик: Республиканский полиграфкомбинат им. Революции 1905 г.: Эль-Фа, 2006. – C. 40-49. Джусойты Н.Г. Книга друзей: Сочинения последних лет. – Нальчик: Эльбрус, 2003. – 176 с.
Supplementary files
