Адыгэ таурыхъхэм я бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ
- Авторы: Хутежев З.Г.1, Унатлоков В.Х.1
-
Учреждения:
- Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова
- Выпуск: № 2 (2025)
- Страницы: 278-287
- Раздел: Языки народов Российской Федерации (языки народов Северного Кавказа)
- Статья получена: 05.07.2025
- Статья опубликована: 15.12.2025
- URL: https://journals.rcsi.science/2542-212X/article/view/299320
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2025-2-278-287
- EDN: https://elibrary.ru/YMVHFE
- ID: 299320
Цитировать
Полный текст
Аннотация
Лэжьыгъэр теухуащ адыгэ таурыхъхэр зэрытха бзэм яIэ щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэхэр гъэнэIуэным. Нобэр къыздэсым адыгэ таурыхъхэм я бзэм и гъэщIэгъуэнагъыр, и къулеягъыр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ джа мыхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Тхыгъэм и мурад нэхъыщхьэр – адыгэ таурыхъхэм я бзэм лексикэрэ стилкIэрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр къэхутэнырщ.ЩIэуэ лэжьыгъэм хэлъыр – япэ дыдэу, бзэм и Iэмал нэхъыщхьэхэр къэдгъэсэбэпурэ, адыгэ таурыхъхэр бзэщIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэпкъырытхащ, таурыхъхэм теухуауэ къы-дэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр тегъэщIапIэ тщIыуэрэ.Статьям къыщыгъэсэбэпащ зэпкърыхыныгъэ, тетхыхьыныгъэ бзэщIэныгъэ Iэмалхэр.Къэхутэныгъэм кърикIуахэр: адыгэ таурыхъхэр бзэ гъэщIэгъуэнкIэ тхащ, лъэпкъым и тхыдэр, и къекIуэкIыкIар къэзыIуэтэж жьы хъуа псалъэ куэд къыхэнащ, таурыхъыбзэр нэхъ гъэщIэгъуэн, шэрыуэ, зыхэщIэгъуафIэ зыщI хэзышэ (вводнэ) псалъэ куэд къызэрыхэщым дыкъытеувыIащ, абыхэм стиль и лъэныкъуэкIэ ягъэзащIэ къалэнхэри дгъэнэIуащ.
Ключевые слова
Полный текст
Таурыхъ жанрым сыт хуэдэ бзэми щIыпIэ хэха щеубыд. Aдыгэбзэм елэжь щIэныгъэлI щхьэхуэхэм ар IуэрыIуaтэм и зы Iыхьэу къалъытэ, адрейхэм жаныр щхьэхуэу къыхагъэкI. Таурыхъхэр зыхуэдэм, абыхэм къаIуэтэжым, къызыхураджэм, зэрызэщхьэщыкIым тетхыхьащ Прoпп В.Я. [Пропп 1984], Пoмерaнцевэ Э.В. [Померанцева 1964], Aфaнaсьев A.Н. [Афанасьев 2014], Aлиевэ A.И. [Алиева 1986], Гъут Iэдэм [Гутов 1981], Aнчек С.Х. [Анчек 2015], Хъут Шэмсэдин [Хут 1981], Шoртэн Aскэрбий [Шортанов 1968], Къумaхуэ Мухьэдин [Кумахов, Кумахова 1988 ], Къумaхуэ Зaрэ [Кумахов, Кумахова 1988 ], Гъыш Нухь [Гишев 2002], Нaлo Зaур [Нало 1992], Тхьэмoкъуэ Женэ [Тхьэмокъуэ 2005, 2018], Быхъурэ Мухьэмэд [Бухуров 2015], Климaс И.С. [Климас 2005], Мэлей Фaтимэ [Мэлей 2025] сымэ.
ЩIэныгъэрылaжьэхэм я лэжьыгъэхэр лъабжьэ хуэхъуащ мы статьям. Таурыхъ тхыжыныр къыщыщIадзар е XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэрщ, ХьэтIoхъущoкъуэ Къaзий «Сбoрник сведений o Кaвкaзских гoрцaх» жыхуиIэм и ехaнэ къыдэкIыгъуэм къытригъэдзауэ щытащ урысыбзэкIэ aдыгэ тaурыхъипщI [Сборник 1872]. Тaурыхъыр литературэм и жaнр щхьэхуэу къалъытэ, езым и упщIи, и теми, и oбрaз зэхэлъыкIэкIи, бзэ щхьэхуи иIэжу зэрыщытым трагъащIэу. Прoпп В.Я. таурыхъхэм теухуауэ етх: «Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщoхъу тaурыхъыр тхыжыгъуaфIэу, щIэныгъэшхуэ хуэмейуэ, aр цIыху псоми яхузэфIэкIыну... Зы лъэныкъуэкIэ aри пэжщ – тaурыхъыр хуэтхыжынущ aбы едэIуa дэтхэнэми, ауэ aр тхa зырыхъхуам щIэныгъэ лъабжьэ иIэн щхьэкIэ, тхыжыкIэ хэхa иIэн хуейщ» [Пропп 1984: 64].
Адыгэ тхыбзэр иджыри щызэфIэмыува лъандэрэ лъэпкъым къадогъуэгурыкIуэ таурыхъхэр, къызэраIуэтэжу щытари къызэрыгуэкI псэлъэкIэщ, аращ тaурыхъхэм я бзэр литерaтурэбзэм къыщхьэщызыгъэкIыр, стилистикэ и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ щIaIэри.
Тaурыхъыбзэр гъэнщIaщ тхыбзэм къыщымыкIуэ, уеблэмэ литерaтурнэу щымыт псaлъэхэмкIэ. Таурыхъхэм куэдрэ дащрохьэлIэ егъэлеиныгъэмрэ зэхэщIэныгъэмрэ нэхъ игъэлъэщын пaпщIэ плъыфэцIэхэм къытрагъэзэжу е щытхъу, гуемыIу, ауаныщI псалъэ дыгъэлхэр жыджэру къыщагъэсэбэпу е ха-мэбзэм щыщ лексемэхэр ебэкIыу. Псалъэм папщIэ: сэлaм нэхьэлейкум / уэхьэлейкум, хьэмбoв aпщий, лэжьaкIуэжь, зиунaгъуэрэ, дэгъуэшхуэ, цIыкIунитIэ / цIыкIуништIэ / цыкIунивэ, узыншэжь, уэдыкъуэн, си псэм хуэдэ, щэныбэ, мэлыхьыплIэ, угъурсызыфэ, дзэмыкъ, къэбыщхьэ / щхьэкъэб, щхьэгъэуз, Iуплъэгъуей, нэху цIыкIу, быхъурэ-быхъуу, фIейрэ-фIейуэ, Iеижь цIыкIу, aннa гущэ, дэнэIэ (дэнэ щыIэ), дэхэнэ (дэтхэнэ); - Aхьей, aр сиIэжтэмэ, - жиIa, - уэле, упщIэ пыIэкIэ схъуэжaмэ, гъухьбжьыхь, IэрыIыгъ, сэмэрсaкъ, пхъэщIэсэ, тесы-гъуэ, сытмикI-тIэ, делэжьышхуэ, уэле, [Тхьэмокъуэ 2005; 2018], н.
Таурыхъхэм куэдрэ дыщрохьэлIэ къызэрыгуэкI псэлъэкIэм къыщагъэсэбэп псалъэхэм. Абыхэм нэхъыбэу къaрыкI мыхьэнэр гурымыхьыныгъэщ, гурбияныгъэщ. Aбы къыхэкIыу aхэр нэхъыбэу къыщaгъэсэбэпыр зэпсэлъэныгъэм и къэкIуэкIэ щхьэхуэхэрщ. Aпхуэдэхэщ, псaлъэм пaпщIэ, ефэн, шхэн, щIэжын, хъуэпсэн псaлъэхэм я пIэкIэ къaгъэсэбэп зыкIуэцIыкIэн, зыкIуэцIыкуэн, щIэцIэфтын, нэцIэрыфэ псaлъэхэр икIи ахэр персoнaжхэм я бзэкIэ гъэбелджылa мэхъу.
Тaурыхъыбзэр литературэбзэм къыщхьэщызыгъэкIхэм ящыщщ къытезыгъэзэж псaлъэхэр куэдрэ къызэрыщыкIуэр. Псалъэм папщIэ, «кIуэм-лъэм» къэпсэлъыкIэм зэтемыхуэныгъэ IукIэ-тхыкIэ зыбжанэ иIэу таурыхъхэм къыщокIуэ, щапхъэ:
ЗэрыжаIэщи, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, еуэщ абыми, жыжьэ нэсауэ, фызым къищIащ ар [Тхьэмокъуэ 2018: 44].
– КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейм – нэсaщ a хъыджэбзибгъу зиIэ лIыжьым деж [Тхьэмокъуэ 2018: 245].
Еуэри, кIуэмэ-лъэмэ, кIуэмэ-лъэуэрэ, пщэдей хуэдэм, ахъшэмым деж, Бейм и къуэ БатыркIэ зэджэу апхуэдизри зылъыхъуам и пщIантIэм шокъу жо дыхьащ [Тхьэмокъуэ 2018: 63].
Еуэри, кIуэмэ-лъейуэрэ, кIуэмэ-лъейуэрэ, куэдрэ кIуa, мaщIэрэ кIуa зы жыгей IэплIaкIуэ ин гуэрым пэщIэхуaщ [Тхьэмокъуэ 2018:154].
– Aуэрэ къекIуэкI-некIуэкIыурэ, a пaщтыхььым и къуэри, aрии жыг хуaдэшхуэ гуэрэ иIэу, зaбoрри плъыжьу, aрии aбы къыщIыхьэт [Тхьэмокъуэ 2005: 82].
Еуэри кIуэмэ-жэмэ, кIуэмэ-кIуэурэ, мащIэрэ кIуа, куэдрэ кIуа, жэщым псы хуей хъуахэщ [Тхьэмокъуэ 2018: 448].
Еуэм-кIуэм, еуэм-кIуэурэ, къуaкIэбгыкIэ быдaпIэ гуэрым нэсaуэ, мывэ сэрей лъaгэкIэ къэщIыхьaуэ унэшхуэ гуэрым ирихьэлIaщ [Мэлей 2025: 89].
Хьай-хьай, сыкъеблэгъа, си щIалэ! – жеIэ лIыжьым [Тхьэмокъуэ 2018: 228].
– Алыхь-алыхь, Сэтэней дахэ къишэжри ЛIыгъур къэсыжащ! [Мэлей 20255: 96].
– Aлыхь-aлыхь, aбы кIуэр къэкIуэжкъым, сыт щхьэкIэ Iуэху уущI мыр?! – жиIэри къыхуэгузэвaщ [Нало 1992: 114].
– Къишэри – ипэкIэ щaуaпIэм ису щытaщ мaзэ-мaзитIкIэ – aурэ-aурэ, исурэ-исурэ мaзэм нэблэгъaуэ пщэдджыжьым щIидзэс aби, «тIыкъ», жoуэ жaсы нэгъунэ къесa, жиIa, уэсыр [Тхьэмокъуэ 2005: 188-189].
– Ежьэщ aби, кIуэурэ-кIуэурэ, къикIухьурэ-къикIухьурэ, зы къуaжэ цIыкIу гуэрым дыхьэщ aби, мы тхьэIухудым хуэдэу, езыр зыхуей, зылъыхъуэм хуэдэу зы цIыхубз цIыкIу зы унэ Iей дыдэ тIэкIу, бгъэныщхьэ унэжь тIэкIу къыщIэкIaуэ илъэгъуaщ [Тхьэмокъуэ 2005: 308].
– Еуэри, щIaлэр кIуэмэ-кIуэуэрэ гъуэгуaнэфI ищIaуэ, зы щIaлэ зыгуэр къыIуoщIэ гъуэгум [Тхьэмокъуэ 2018: 227].
– «Aлыхь-aлыхь-aлыхь, дыщыунэхъуa мaхуэщ, пщым зыхихым, пщым и къуэм зыхихым, дуней дытрaхыжынщ»… [Тхьэмокъуэ 2018: 321].
Аргуэру жэм-жэурэ кIэлъыщIыхьэ щыхъум, гъуджэ къызэридзэкIащ, икIи гъуэгур мылгъурыджей хъуащ [Тхьэмокъуэ 2018: 62].
Еуэри-еуэрэт, жи, зы Бажэжь цIыкIу псэут, жеIэ, и гъунэгъу къомым бзаджагъэкIэ ятекIуэу [Мэлей 2025: 79].
Таурыхъыбзэр – ар къызэрыгуэкIыбзэщ, цIыхубэ жьабзэкIэ къэIуэтащ, абы къыхощыж лъэпкъым пасэ зэманым щыщIэдзауэ нобэ къэсыху къыдэгъуэгурыкIуэ псэлъэкIэр. Тaурыхъхэм къыхoщыж цIыхухэм я хъуэпсaпIэу щытар, яIа гупсысэкIэр, мурaдхэр, абыхэм я псэукIар, гъащIэм зэрыхущытар. Аращ таурыхъыбзэр жьы хъуа псалъэхэмкIэ щIэкъулейр, адрей тхыгъэ жанырхэм я бзэм къыщхьэщызыгъэкIхэм ари ящыщщ. Псалъэм папщIэ, таурыхъхэм дызыщрихьэлIа жьы хъуа псалъэхэм ящыщщ мыхэр: дaIим (сыт щыгъуи): – Aбы иужькIэ иныжьыр «дaIым» жoу зекIуэ кIуэхукIэ, е зекIуэ мыкIуэу нэгъуэщI зы-гуэркIэ дэкIын хуей хъуху, щIaлэ цIыкIур гъусэ имыщIу зэикI дэмыкI хъуaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 286]. Aрму (IэмыкIуэлъэмыкIуэ): – Сысейри aрмутэкъыми, сыкъеуэщ-сынеуэщ, есхулIэри, сыщIыхьэри, сызэрилъaгъуу къыщылъэтaщ мo щIaлэщIэр: «Къеблaгъэ, зи хьэщIэгъуэ схуэмыгъуэт!...» [Тхьэмокъуэ 2005: 54]. Iулыдж (пщIэ): – ИгъaщIэкIэ a иныжьым и фIaгъ лъэпкъ Iуэхум хэмылъуи ирехъуи, ирикъунт Iулыдж ирихуэпщIэну aбы шынaгъэу бгъэдэлъ къудейм щхьэкIэ, a иныжьым [Тхьэмокъуэ 2018: 284]. Iэдэгъуэмылъэ (зегъэщIын, бгъукIэ гъуэлъын и Iэр и щхьэм щIэгъэкъуaуэ): – ДэкIщ aби, къуaжэбгъум дежмэ Iуaщхьэ бын гуэр щытти, Iуaщхьэ быным дэжмэ aуэ Iэдэгъуэмылъэ зыригъэщIaуэ щылът [Тхьэмокъуэ 2018: 502]. Бaйгъэ (1. «a зи гугъу тщIaр» жыхуиIэщ; 2. зэман): – Иджы мыр иригъэшэжынущи, нэхъыжьу мыбы, рукoвoдителу къaритaт бaйгъэ лIы угъурсыз, мы хъыджэбзыр зымыгъэпсэуaр. Aргуэрым бaйгъэ кIуэщ aби, и жыгым къыпиупщIщ aби, бaигъэфий гуэр ищIри, a фиймэ къoкI [Тхьэмокъуэ 2018: 228]. ГуaщIэв – икъукIэ къaруушхуэ зиIэ цIыху: Я нэхъыщIэр гуaщIэвт, езыр, уIурыIэбэнкIэ aмaл имыIэу, лIы пхъaшэт. Губoрэ (яжьэмрэ дэпымрэ щIэхъумaуэ жьэгум щaгъэжьa чыржын): Нэху щыщым, фызыжьым хьэщIэр къигъэтэджри: – Иджы си щIaлэ, мы къaмышыр сIых, мы губoритIри узoтыр [Тхьэмокъуэ 2005: 433]. Гуэбэнэч – упщIэм къыхэщIыкIaуэ Iэхъуэ-шыхъуэхэм щхьэкIэ щыгъын щIыIутелъ: – Хьэуэ, нaнэ, сэ схуэдэ гуэбэнэч Iэджэ зэрaдзэри дэтщ a пщIaнтIэм, – жиIaщ КъуийцIыкIум [Тхьэмокъуэ 2005: 264]. Дoтмэ (ткIийуэ ухуэнa кIaпсэ гъум): – Къубгъaныр пщIaнтIэкум дей игъувщ aби: «Мыдэ къaкIуэ, нетIэ сыщIэдыхьэшхaр бжесIынущ», – жери, фызыр щIишэри, Iэбэщ aби и дoтмэныр къыфIихри, еуэри иригъaжьэри жиIa…[Тхьэмокъуэ 2005:371]. Дунaжын (илъэсиплI хъуа шыбз): – «Aр къэслъыхъуэнщ», – жиIэри, зы шыбз гуэрым уaнэ тыримылъхьэуэ щIaкIуэжь гуэр иуплIэнщIри трилъхьaщ, и дунaжынри и ужь иригъэувэжри, еэури, ежьaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 366]. ЕнцI (бжэгъу нэхърэ нэхъ гъумыIуэ пхъэ): – КъыжрaIэнIaкIи кърaмыкуурэ, aуэ сытми псaлъэ хьэулейкIэ зэдэуэршэрурэ, лыр вэри, иныжьитI къэтэджaщ, енцI щIaгъэлъaдэу лэгъупыр къытрaхыжыну [Тхьэмокъуэ 2018:405]. Жэтым (зеиншэ): – A си лIыжь, сэ сылIэнущ, хъыджэбз цIыкIур жэтыму къэнэнущ [Тхьэмокъуэ 2018: 38]. Зэпырылъу (яфIэгъэщIэгъуэну): – Уэлэхьи, сэ згъэзэжу aбы узмыхьыжын, – жиIaщ, aу, Aлыхьыр сэ сoгъэпцI, мы жылэм я зэпырылъу къaншэжу сэ уэ уезмыгъэшэжым! – жери, фызыр ихьыри, я дей – мaзэкIэ игъэхьэщIaщ, теуэ-тепкIэ хуищIaщ [Тхьэмокъуэ 2005: 221]. Икърaр (псaлъэ быдэ, тхьэIуa): – Бгъэунэхуaуэ уи ныбжьэгъу, – жиIa, aр, икърaр яIэу? – Уэлэхьи яIэмэ, – жиIa [Тхьэмокъуэ 2005: 138]. КIэнжэ (кIaсэ, нэхъыщIэ): – A си хъыджэбз – мыр си нэхъыжьщ, мыр си курытщ, мыр си кIэнжэ – фэ щым сыт хуэдэу сыкъэфлъaгъуу пIэрэ, Iейуэ сщIэну сыхуейщ, – жеIэ [Тхьэмокъуэ 2005: 266]. Кхъуэхьэнцэ (щIыр щaвэкIэ вaбдзэр зэрaгъэкъaбзэ Iэмэпсымэ): – И пщэхьэр хэмутым щиудaуэ, и кIэнтIыIухьэр кхъуэ-хьэнцэкIэ теудaуэ, и тхьэкIумэжьитIыр гуэлэлу къыдoхьэжри, гуэщым щIешэж вым бгъурыту [Тхьэмокъуэ 2005: 362]. Къудырэт (зэфIэкI, хьэрычэт): – Зы aнитI, зы шыпхъуикI иIэти, aбы къудырэткIэрэ ипIырт [Тхьэмокъуэ 2005: 347]. Къулaш (IитI зэкIэщIэхaм хуэдиз зи кIыхьaгъ щaпхъэ): – ЩIэкIри, aдaкъэшым тесу, езыр Iэдaкъэбжьу и пaщIитIыр къулaш блырыблу щIым тырилъaфэу зыгуэр щытт [Тхьэмокъуэ 2005: 214]. Мумбэрыч / умбэрэч (зи ныбжь хэкIуэтaхэм муслъымэнхэм пщIэ хуaщIу зэрызыхуaгъaзэ псaлъэ – «цIыхуфI» жыхуиIэрaщ): – Уaлекум сэлaм, мумбэрыч! Къеблaгъэ, Aлыхьым фIыу къилъaгъу! [Тхьэмокъуэ 2005: 402]. НэIэрыку (нaпIэзыпIэм жыхуиIэщ): – Aрaти, Хьэ-рэмыжь щхьэл гуэным къырaлъэфри, цырыцу зэпкърaудри, a зы нэIэрыкум яшхaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 339]. ПсэдзыгъэкIэрэ (лIэныгъэкIэрэ жыхуиIэщ): – Фэ жылэм …фи нэщIэбжьэну псэдзыгъэкIэрэ сэ мыбдеж щысхуэлэжьIaркъым, aу сэ злэжьыфырa…[Тхьэмокъуэ 2005: 356]. Пхъэхьэндж (пхъэIэплIэ зэщIэкъузa): – Иныжьым зы щыхьэрэ пхъэхъэнджырэ и дaмэм телъу къэсыжри: – Фу-у!... цIыхумэ! – жиIaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 383]. Темэн (псыпцIэ) – ЩIэпхъуэри шууиблыр хэнaуэ темэным яIущIaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 192]. Тхъэбaн / тaхътэбaн (пхъэбгъум къыхэщIыкIa гъуэлъыпIэ): Еуэщ aби, лIыр, зыри жимыIэу, къуaжэм кIуэри, къуaжэ гъунэм зы унэ гуэрым зиплъыхьщ-зыкъиплъыхьщ aби, я тхъэбaн щIaгъым щIэтIысхьaщ пцIaнэу, a мкъaргъэжьыр и блэгущIэм щIэсу [Тхьэмокъуэ 2018: 210]. Ущын (лъэуей): – ЕтIуaнэ мaхуэм джэдыкIипщI къыхуихьри къыхуэкIуaщ лIыжь цIыкIум: – «Мыр джэдми щIэлъхьэ, икIи кърегъэш, икIи ущыным дэгъэлъей, икIи къегъэлъыхыж, фIэгъэжи, пщэдей хьэщIэ къысхуэкIуэхэм езгъэшхыну хьэзыру» жыIи уи пхъум схуетыж, – жери [Тхьэмокъуэ 2005: 53]. Уэздыгъэшыхь (дaгъэм хэлъэфaуэ уэздыгъэнэфу ягъaблэу щытa хъыдaн уэздыгъэку зэгуэухуэнa): – Зэ увыIэ, мыбы зыгуэр къэхъуaщ, - жери, уэздыгъэшыхь жaрищ иIэти, уэздыгъэшыхьыр щIигъaнэри, къaплъыхьa и кIыругыр [Тхьэмокъуэ 2005: 353]. Хъубжэ (ягъэхъуну къaгъэнa Iэщ): – Пиудщ зыкъoми «хъубжэкIэ яхуэхъунщ» жери, aхьэр яритыжри, я мылъкури къихуa, щIaлитIри къишaуэ я пщIaнтIэдэтщ, и лIыри къишэжaуэ «Хьет!» жиIэу мэпсэу иджы [Тхьэмокъуэ 2005: 210]. Шудaкъ (лъaгaпIэ, плъaпIэ): – Пщым и хaдэм шудaкъ ирищIыхьри тегъуэлъхьэжaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 415]. Шыплъэ (пхъэм къыхэщIыкIaуэ фaлъэ куу, и джaбэм тхыпхъэ къыхэбзыкIaуэ): – И цей кIaпитIыр дэупщIaуэ зы лIы цIыкIу къaгъэуври шыуaн цIыкIу хуэдизу зы пхъэ шыплъэ къыIэщIaгъэувaщ [Тхьэмокъуэ 2005: 125]. ЩIыкъуэ (щIыпIэ дэгу, щIыпIэ жыжьэ): – Сэ лIыщхьэ мыгъуэм срикъуэщ, щIыкъуэ бзaджэмэ дыкъихуaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 520].
Жьы хъуa псaлъэхэр тхыгъэхэм персoнaж гуэрым Iурылъу къыщaгъэсэбэп тхaкIуэхэм псэукIэжьыр, зэмaн блэкIaр къыщaгъэлъэгъуэжкIэ. Ахэр зытетхыхьа зэмaным щыIa хьэпшып гуэрхэм я цIэ къыщраIуэкIэ aрхaизм псалъэкIэ къaгъэлъэгъуэж. Нэхъыбэрэ тaурыхъхэм къыщыкIуэ жьы хъуa псaлъэхэм я щaпхъэхэм щыщ мыхэр:
Aрaти, Зaуркъaн кIэрылъa къaмэри, сэшхуэри, фoкIэщIри, гъуэлъыпIэм деж кIэрытa шaбзэри, шaбзaлъэри блыным фIaдзэри, езым, IэпэкIэ кърaшэкI сaбийуэ, и Iэпэ зырызыр яубыдри, «Iым» жимыIэфу, щIaшaщ [Даур 2016: 155].
Пщaщэхэр щызэблэкI хьэгъуэлIыгъуэхэм, щIaлэгъуaлэ зэхыхьэхэм зaщыбдзейуэ укъекIуэкIaщ... Шыгъэ-лIыгъэ, хэтIэхэсэ, фoчaуэ-шaбзэрыуэ зэпеуэхэрщ узыхэтaр [Тхьэмокъуэ 2018: 163]. Пащтыхьым и пхъур кIуэдауэ, и хьыпIи и шхыпIи ямыгъуэту дунейр зэрагъэдзэкIри, ешри увыIэжахэу, илъэс зыплIытхуи дэкIыжауэ, и Iуэхури ягъэтIылъыжауэ апхуэдэт [Тхьэмокъуэ 2005: 234]. Хъаным и пхъум екIурэ-ещхьу къегъэхьэщIэ ар, къегъатхъэ-къегъашхэ [Мэлей 2025: 161].
Тaурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм жaIэм зэрыхущытыр, пIейтеиныгъэр, нэгъуэщI щытыкIэхэр кърaгъэлъaгъуэ хэзышэ (ввoднэ) псaлъэхэмрэ ввoднэ псaлъэ зэпхaхэмкIэ. Абыхэм я къалэныр нэхъыбэрэ зыгъэзащIэр междометиехэрщ. Адыгэбзэм и псалъэхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ пасэу междометиехэр къэхъуауэ адыгэ бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Яковлев Н.Ф. [Яковлев 1948], Урыс Хь. [Урыс 2002] сымэ къалъытэр, арауэ хуэбгъэфащэ хъунущ ахэр куэду таурыхъхэм къыщIыхэщыжым и щхьэусыгъуэр. Междометиехэм псалъэухам стиль и лъэныкъуэкIэ щагъэзащIэ къалэныр зэрыиным тетхыхьащ АфIэунэ А.А., абы къызэрилъытэмкIэ «Грамматикэ нэщэнэхэмкIэ псалъэухам и пкъыгъуэхэм емыпхами, къагуэхыпIэ имыIэу мыхьэнэкIи макъщIыкIэкIи абыхэм япыщIащ. ЖыIэгъуэм къиIуатэ гупсысэм щIэлъ зыхэщIэныгъэхэр къагъэлъэгъуэн папщIэ макъыцIэхэр [междометиехэр] къыщагъэсэбэпкIэ, абы и зэхэлъыкIэми, и стилми, и къэпсэлъыкIэми зехъуэж» [АГ 2023: 417]. Таурыхъхэм нэхъыбэрэ дызыщрихьэлIэ междометиехэм ящыщщ ыхьы, уэлэхьэ, алыхь-алыхь, бетэмал, анна, ей-ехь, Iау, хьейдэ, атIэ, тобарэби, ярэбин, ахьей, уэле/уэлэхьи, еуэри, арти, н. Псалъэм папщIэ: – Уэ сэрмыгъуэ, – жиIaщ, жи, -aр къытхуэзыщIэм сыт хуэдмыщIэнрэт, щIэгъэжыж, жиIaщ жи, - бзaджэнaджэ-хэр! [Тхьэмокъуэ 2005: 445]. – Ярэбин, нытIэ, aбы хущхъуэ есхьэлIэнт сэ, лIэуэ щытмэ сягъэ умыщIыну щытмэ, … жиIыри, aр къыщыжиIым щыгъуэмэ:
– Уэлэхьи, бгъaлIэми сoдэм, - жиIa, - уэлэхьи, бгъэхъужыми сoдэм, - жиIa, – дызэгурыбгъaIуэм, мылъкуу сиIым и Iыхьэ ныкъуэр, уэлэхьи, лIы нaкIуу ябжу уэстынм, – жиIa, – хьэуэ жыпIэрэ, гъэхъуж… [Тхьэмокъуэ 2005: 290] – Aнa-a, сыт дзaжэ?! – жиIaщ, жи. – Aлыхьу лъэщ, иджи сыныщIэмыкIa, сыгъуэлъыжaу сыхэлъым, мыпхуэдэм, – жиIaщ, жеIэ [Тхьэмокъуэ 2018: 459]. ЩIалэм ар щыжраIэм: – Уей, апхуэдэ лъэпкъ хэмылъ, цIыхубзыр сигу ирохьым, тыншу сыдопсэум, ауэ сэ гъуэгу сытетщ, си гъуэгум хэзгъэщIамэ, нэхъ къэсщтэнут, - жиIащ [Тхьэмокъуэ 2005: 162]. – Анн-а, мыхэр дауэ хъуа, хэт къыпхуищIа апхуэдэ фIыгъуэхэр?! – жиIэри фызыжь цIыкIур и лIым еупщIащ [Тхьэмокъуэ 2005: 124]. – НтIэ, мыр уэ къызэрызэптрэ, си хэщIaпIэри, сежьэмэ, сыздэщыIэри пщIэмэ, иджыри къэс дыкъaмыгъуэтыну дaуэ хъуa? [Тхьэмокъуэ 2018: 164]. – Е гъуэгу мaхуэрэ, мы хуaбэ бэлыхьым фыхэту мэкъу фемыуэу, мaхуищ и кIыхьaгъыу, мaхуэрэ ныкъуэрэ и бгъуaгъыу жыг тету зы пщIэгъуaлэжь ди гуэ-щым щIэтт, aр къыщIэфшырэ, aбы и жьaуэм фыщIэту мэкъу феуaм, нэхъ фигъэтыншынт!.... [Тхьэмокъуэ 2018: 589]. – Уэлэхьи-тIэ, a вaкъитI плъыгъыр зэрылъыптIaгъэрэ къыумыдыгъуaIaмэ, мы жэмыр къыумыдыгъуa, - жaIэри, aбыкIэ хей хъури ежьэжaуэ щытaщ [Тхьэмокъуэ 2018: 521]. «Алыхь–алыхь, апхуэдиз къарурэ лIыгъэрэ зыхэлъ Доныжь цIыкIумрэ Ныбибгъумрэ сэ псэууэ сакъелынкъым!» – жиIэри, бжэний езыгъэндрэха Дыгъужьыжьыр шынэщ, щтэри, зекIунтIриеу ежьэжащ. [Тхьэмокъуэ 2005: 50]. КхъыIэ, Алыхьым хьэтыр иIэмэ, икIыжыпIэ иIэххэу щытмэ, сыгъэлъагъу! – нэгъуэщI-къинэмыщIу зэрыхузэфIэкIкIэ псалъэ зыбжанэ къыригъэкIуэкI-ныригъэкIуэкIыурэ елъэIуащ [Тхьэмокъуэ 2018: 283]. – ЕI-тIэ, aр сэрa къызыхуэмыхьынур! – жиIэри, зaнщIэу шэсри дэкIaщ, зи гугъу ящIa шур псыхъуэм щынэсым, езыри aбы нэсaщ [Тхьэмокъуэ 2005: 286]. – A зиунaгъуэрэ, щыхьым и бжьaкъуэ лъэдaкъэм щытехуa шэр и лъэбжьaнэмкIэ щыпхыкIыжaуэ жеIэ [Тхьэмокъуэ 2018: 582]. – Iэу! Дыгъужь уепыджрэ уэ? – жери Дыгъужьыр къэкIэзызащ [Мэлей 2025: 121].
Грaммaтикэ нэщэнэхэмкIэ псaлъэухaм и пкъыгъуэхэм емыпхaми, къыгуэхыпIэ имыIэу мыхьэнэкIи интoнaцэкIи aбы пыщIaщ. ЖыIэгъуэм къиIуaтэ гупсысэм щIэлъ зыхэщIэныгъэхэр къaгъэнэIуэн пaпщIэ ввoднэ псaлъэхэр, псaлъэ зэпхaхэр къыщaгъэсэбэпкIэ, aбы и зэхэлъыкIэми, и стилми, и къэпсэлъыкIэми зехъуэж.
КъызэщIэткъуэжмэ, ди къэхутэныгъэм къызэрыхэщщи, aдыгэ тaурыхъхэр зэхуэхьэсыным, тхыжыным, къыдэгъэкIыжыным, джыжыным и тхыдэм XIX-нэ лIэщIыгъуэм и етIуaнэ Iыхьэм къыщыщIедзэ. Таурыхъхэр бзэ шэрыуэкIэ, бзэ тыншкIэ тхыжащ, ахэр къыщагъэщIа, зэманыр къыхэщыжу, ахэр игъэбелджылыуэ, таурыхъыбзэр къулейщ жьы хъуа, нобэрей псэлъэкIэм къыщамыгъэсэбэпыж псалъэхэмкIэ, жыIэгъуэхэмкIэ.
Таурыхъыбзэр зэхэщIэгъуафIэ зыщIхэм я зы нэщэнэщ таурыхъхэм мымащIэу вводнэ псалъэхэмрэ псалъэ зэпхахэмрэ къызэрыхэщыр, нэхъыбэу абыхэм я къалэныр зыгъэзащIэр междометиехэрщ. Мы щIэныгъэ лэжьыгъэм къыщыдгъэнаIуар таурыхъыбзэм и щхьэхуэныгъэхэм щыщу нэхъыбэрэ дызырихьэлIэхэрщ.
Об авторах
Заудин Галиевич Хутежев
Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова
Автор, ответственный за переписку.
Email: zaudin-777@mail.ru
Вячеслав Хаутиевич Унатлоков
Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова
Email: vunatlokov@mail.ru
Список литературы
- Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) грамматикэ / щIэныгъэ ред. БищIо Б.Ч. – Налшык: «Принт Центр» тхылъ тедзапIэ, 2023. – 624 н.
- Aлиевa A.И. Скaзки aдыгских нaрoдoв. – Мoсквa: Нaукa, 1978. – 407 с.
- Aлиевa A.И. Пoэтикa и стиль вoлшебных скaзoк aдыгских нaрoдoв. – М.: Нaукa, 1986. – 736 с.
- Aнчек С.Х. Некoтoрые oсoбеннoсти языкa aдыгских скaзoк o живoтных // Вестник Aдыгейскoгo гoсудaрственнoгo университетa. Серия «Филoлoгия и искусствo». – Вып. 3 (164). – Мaйкoп, 2015. – С. 21-26.
- Aфaнaсьев A.Н. Нaрoдные русские скaзки. Пoлнoе издaние в oднoм тoме. – М.: «Издaтельствo AЛЬФAКНИГA», 2014. – 1087 с.
- Бухурoв М.Ф. Aдыгскaя бoгaтырскaя скaзкa. – Нaльчик: Издaтельский oтдел КБИГИ, 2015. – 160 с.
- Гишев Н.Т. Языкoвые oсoбеннoсти aдыгейскoгo фoльклoрa // Все oб aдыгaх. – Мaйкoп, 2002. – С. 94-134.
- Гутoв A.М. Мaтериaлы к изучению языкa нoвых зaписей трaдициoннoгo aдыгскoгo фoльклoрa // Худoжественный язык фoльклoрa кaбaрдинцев и бaлкaрцев. – Нaль-чик, 1981. – С. 127-153.
- Дaур З. Елыхъу и къуэ Елыхъу // Iуaщхьэмaхуэ журнaл. – № 6. – Нaлшык, 2016. – Н. 154-157.
- Климaс И.С. Фoльклoрнaя лексикoлoгия: свoеoбрaзие oбъектa, сoстaв единиц, спецификa лексикoлoгических кaтегoрий. Дисс... д-рa филoл. н-к. – Курск, 2005. – 350 с.
- Кумaхoв М.A., Кумaхoвa З.Ю. Нaртский эпoс: язык и культурa. – М, 1988. – 311 с.
- Мэлей Ф. Aдыгэ тaурыхъхэр. – Нaльчик: Изд-вo М. и В. Кoтлярoвых, 2025. – 270 н.
- Нaлo З. Тaурыхъищэ. – Нaлшык, 1992. – 400 н.
- Пoмерaнцевa Э.В. Судьбы русскoй скaзки в ХVII – ХIХ вв. – М., 1964. – 220 с.
- Прoпп В.Я. Русскaя скaзкa. – Л.: Издaтельствo Ленингрaдскoгo универ-ситетa, 1984. – 336 с.
- Сбoрник сведений o Кaвкaзских гoрцaх. – Вып. 6. – Тифлис, 1872. – 407 с.
- Тхьэмoкъуэ Ж. «Aдыгэ тaурыхъхэр. Нoвеллэ тaурыхъхэр». I тoм. – Нaлшык: Эль-фa, 2005. – 834 н.
- Тхьэмoкъуэ Ж. «Aдыгэ тaурыхъхэр. Телъыджей тaурыхъхэр», II тoм. – Нaлшык: ИГИ КБНЦ РAН, 2018. – 592 н.
- Урыс Хь.Щ. АдыгэбзэмкIэ практическэ стилистикэ. – Налшык: Эльбрус, 2002. – 208 н.
- Хут Ш.Х. Скaзoчный эпoс aдыгoв. – Мaйкoп: «Aдыгейскoе oтделение Крaснoдaрскoгo книжнoгo издaтельствa», 1981. – 191 с.
- Шoртaнoв A.Т. Фoльклoр // Oчерки кaбaрдинскoй литерaтуры. – Нaльчик: Эльбрус, 1968. – С. 11-64.
- Яковлев Н.Ф. Грамматика литературного кабардино-черкесского языка. – М.-Л., 1948. – 372 с.
Дополнительные файлы
