LEXICAL-SEMANTIC FEATURES OF WORDS AND TERMS RELATED TO HORSE BREEDING IN KABARDIN-CIRCASSIAN LANGUAGE

Cover Page

Cite item

Full Text

Abstract

The article examines one of the active strata (groups) of Adyghe vocabulary, consisting of words and terms related to horse breeding. Here, for the first time, the lexical and semantic features of words included in the specified lexical layer are studied. A classification is proposed, in accordance with which eight semantic groups of words are distinguished related to horse and horse breeding: 1) tokens that name parts of the horse's body; 2) tokens naming the age of the animal; 3) tokens that name a horse in accordance with its purpose and the specifics of the work performed (for example, a draft horse); 4) the names of customs, rituals and festivities organized with the direct participation of the horse; 5) the naming of people associated with the horse, its breeding; 6) names of horse diseases; 7) the names of the elements of horse harness and other items related to the care of the horse; 8) the names of the horses in accordance with the ability to reproduce offspring. The article also provides typology of lexemes related to horse breeding, according to their substantive features, activity / deactivation criteria in the modern Kabardino-Circassian language, originality / borrowing, style characteristics, etc. In accordance with the indicated criteria, outdated vocabulary (archaisms, historicisms), ethnonyms, mythologisms, dialectisms, special (professional) vocabulary, borrowings, vernacular, etc. In the study of lexemes, the ethnography of the material in question is taken into account, interpretations of words and terms are given, reasoned by illustrative material. The role and place of the studied stratum in common Adyghe vocabulary is determined, lexical-grammatical and lexical-semantic features of some words and terms related to horse breeding are revealed. The results of the study can be useful to scientists, teachers of higher and secondary educational institutions, as well as students, undergraduates and graduate students when writing qualification and other types of work.

Full Text

Адыгэшым и тхыдэр пасэ лъэхъэнэхэм къыщожьэ. Адыгэм шым пщIэшхуэ хуищIу, ныбжьэгъуфIым пилъыту къызэрыгъуэгъурыкIуам тхыдэ дэфтэрхэри, зыплъыхьакIуэхэм ятхыжахэри, художественнэ тхыгъэхэри щыхьэт тохъуэ.

Шыхэмрэ шы лъэпкъыгъуэхэмрэ я фIэщыгъэхэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэм куэду хъума щыхъуащ. Абыхэм языныкъуэхэм къэзыгъэхъуа лIакъуэцIэр зэрахьэ (трамэш, абыкъуш, бэчкъаныш, жэращты), адрейхэм я жагъэ, лъэщагъ е я теплъэм хэлъ щхьэхуэныгъэ гуэр елъытакIэ фIэщыгъэ ягъуэтащ (шагъдий, хуарэ, н.), ещанэхэм я цIэр я плъыфэм къытекIащ (къарэ, къарапцIэ, брул, гъуэ, джэмыдэ, пщIэгъуалэ, пцIэгъуэплъ).

Шымрэ шы зехуэнымрэ ехьэлIа псалъэхэмрэ терминхэмрэ мыпхуэдэ лексикэ лIэужьыгъуэхэр къыхощхьэхукI: жьы хъуа псалъэхэр (жажэ, жэрыбэ, шужьей, шукIапсэ, шупежьэ, шупэхутэ, шыкIэтхьэщI, шыпэрыт, шыпэтес, шыхьэхушу, шыхэпщ, шыхэпщыпIэ, шыхугъусэ, шыIуэ, н.), этнонимхэр (шудэгъазэ, шыхуапэ, шхуэмылакIэ убыдыпщIэ, шыхъуапщIэ), мифологизмхэр (алъп, алъпжьей), диалектизмхэр (шыгууанэ, шыкъурыкъу, шыгукъу), астрономием щыщ терминхэр (Шыхулъагъуэ), IэщIагъэ щхьэхуэм ехьэлIа лексикэр («профессиональная лексикэ»-кIэ зэджэр) (мы гупым шым и узыфэхэм я фIэщыгъэ псори хохьэ: сап, сэкъауэ, уэлмэ, шынтIыIу, шыщхьэчынчэ, н.), нэгъуэщIыбзэхэм (нэхъыбэрэ урысыбзэм) къыхэкIа лексикэр (аргамак, хамут), псалъэ къызэрыгуэкIхэр (просторечиехэр) (хъубцIыб).

Шымрэ шы зехуэнымрэ ехьэлIа лексикэм семантическэ гуп зыбжанэ къыхощхьэхукI. Апхуэдэхэщ: шым и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэт Iыхьэхэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэмрэ терминхэмрэ; шым и ныбжьыр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр; шым къеуз узыфэхэм я фIэщыгъэхэр; гум щIащIэ/щIамыщIэ е къызэрагъэсэбэп елъытауэ шыхэр зэрызэщхьэщыкIыр къэзыгъэлъагъуэ лексемэхэр; шым ехьэлIа хабзэхэм, шы хэту адыгэхэм ирагъэкIуэкIыу щыта дауэдапщэхэмрэ джэгукIэхэмрэ я фIэщыгъэхэр; шы зехуэным елэжь, шым пыщIэныгъэ хузиIэ цIыхухэм зэреджэ терминхэр; шы Iэпслъэпсхэмрэ шым ирахьэлIэ хьэпшыпхэмрэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр; щIэжьей къыщIэхъуэн/къыщIэмыхъуэн и IуэхукIэ шыхэр зэрызэщхьэщыкIыр къызыхэщ псалъэхэр, н.

 

  1. Шым и Iэпкълъэпкъым ехьэлIа лексикэр

Шым и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъ пкъыгъуэ куэд дыдэ Абазэ Ибрахьим и «Адыгэ-абазэ шы лъэпкъхэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр» тхылъым ущрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, къэхутакIуэм мыпхуэдэ пкъыгъуэхэр къыхегъэкI: «бэкъу, бгъэгу, бгъэгу къупщхьэ, бгъэгу хъыщт, бгъэ щIагъ, бзэгу, блатхьэ, блэгу щIагъ, блыпкъ, блыпкъ зэрытыпIэ, гъубзиикIэ, джабащхьэ кумб, джабэ, дзажэ, дзажэкIэ, дзажэналъэхэр, дзажэ хъыщтхэр, дзэ, дзэпэфIанэ, дзэщхьэл, жал, жьэ, жьэгъу джабэхэр, жьэгъущIагъ, жьэ къупщхьэщIагъ джабэ, жьэпкъ, жьэпкъ кумб, жьэпхъэбгъу, жэрыбз (бзыхэм), ищIагъ жьэ къупщхьэ, кIэ, кIэбдз, кIэбдз зэрытыпIэ, кIэбдз кхъуэщын, кIэбдз лъабжьэ, кIэбдз лъэдий (зэщIэлъу), кIэбдз лъэдий (къупщхьэ), кIэбдз лъэкIэн, кIэбдз фIалъэ, кIэнтIыIу, къанэуапIэ, кIэпкъ, кIэпкъ (кIэ) IупщIэхэр, кIэсыпIэ, куэ, куэбзэпс (хъум), куэпкъ, къурмакъей лъабжьэ, лъахъэ илъхьэпIэ, лъащхьэ, лъащхьэ лъабжьэ, лъэгуажьэ зэрытыпIэ, лъэгуажьэтес (асмыж), лъэдакъэ быдз, лъэдакъэц, лъэгуажьэ, лъэIэгъу, лъэIэгъу зэрытыпIэ, напщIэ, натIэ, натIэ къупщхьэ, натIэц, ныбэ, ныбэгу, нэ, нэбжьыц, нэзэрыхъэ, нэкIуебгъу, нэпкъыщхьэ къекIуэкI, нэхупцIапцIэ (щхьэпцIапцIэ), нэщIащэ кумб, пхэщI егъэзыхыпIэ (кIэнтIыIу), пхэщIыщхьэ, пхэщIыщхьэ лъагапIэ, пщэ, пщэ кукъу, пщампIэ, пщэбгъу, пщэ лъынтхуэ, пэ, пэбг, пэбг къупщхьэ, пэгъуанэхэр (пэбзий), соку, тхы, тхьэкIумэ, тхьэкIумэ дакъэ, уанэ телъхьэпIэ (шыбг), фIалъэ лъабжьэ, фIалъэ лъахъэ илъхьэпIэм ищхьэкIэ щыIэ куъпщхьэхэр, фIалъэ лъэгуажьэ зэрытыпIэ, фIалъэ лъэдий, фIэбзыпIэ (япэ пщэ IупщIэ), фIыншэ (фIэгъэжыпIэ), хьэщыдзэ, шхужь бэлагъ, шхужь гъуанэм ибгъу къекIуэкI, шхужь, шхужь кIапэ, шхужь къуапэ, шыпхэ, шыщхьэ, щхьэ къупщхьэ, щхьэпхэтIыгу, япэ бгыIупщIэ, япэ бгъэIупщIэ, IэракIэ, Iупэ» [Абазэ, Абазэ 2014: 88].

Шым и Iэпкълъэпкъым щыщу Абазэ И. къигъэлъэгъуа пкъыгъуэхэм я цIэхэр псори гурыIуэгъуэкъым, языныкъуэхэр псалъалъэхэми иткъым. Абы нэмыщIуи, къэхутакIуэм къимыгъэлъэгъуа терминхэм нэгъуэщI лэжьыгъэхэмрэ псалъалъэхэмрэ уащрохьэлIэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къэтхьынщ:

БГЪЭЛЫБЭ грудь лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 38]; шым и бгъэ, и бгъэгу. ■ Ар унэ небэ-къебэщ, щIэсэн бэуэ щIэту, пэIущIэу Iулъыр шы бгъэлыбэм къэсу. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ… 1999: 40];

КЪАМЫШЫРАБГЪУ жьы правый бок верховой лошади ■ Шыгъуэжьу хьэм яшхыжын, къамышырабгъу кIашэ, шэсырабгъу соку. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

ЛЪЭIЭГЪУ впадина на ноге лошади выше копыта [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 307]; шы лъакъуэ лъабжьэм и щхьэкIэ лъдакъэбыдзым нэс иIэ кумбыгъэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 500];

ЛЪЭГУВАБДЗЭ 1. плоскостопие; см. также лъакъуэвабдзэ; 2. копыто лошади с легко уязвимой, мягкой нижней поверхностью [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 300]; зи лъэгур щабэ, щIэудыгъуафIэ (п.п. шы). Шы лъэгувабдзэр гъуэгукIэ дзыхэщ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 494];

ЛЪЭДАКЪЭЦ пучок волос на щетке у лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 301]; шы лъэдакъэм тет цы Iэрамэ. ■ Мыжьыкъ алащэр лъэдакъэц кIыхьщ, Лъэдакъэц кIыхьыр шы хуэмыху нэщэнэщ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 495];

ЛЪЭДАКЪЭЦЫДЖЭ лошадь с короткими волосами на щетке [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 301]; зи лъэдакъэцыр кIэщI шы (шы лъэпкъыфIэ нэщэнэ). ■ Лъэдакъэцыджэ, щхьэщIыдзэ кIыхь, зи щхьэ нэщIащэм IэштIымыр ихуэ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 495];

ПХЭЩI 1. круп (лошади); 2. седалище [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 369]; седалище / КIэбдзыщхьэм нэхъ лыфIэу иIэ щIыпIэр. ■ Дамыгъэр игъэплъри и пхэщIым тридзащ. Къэб. IуэрыIу. Мэрян и щхьэц кIыхьышхуэр и пхэщIым тоуэр. Щ.Ам. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 575];

СОКУ I грива; шы соку конская грива [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 402]; грива / Шым и пщэм тет цы кIыхьыр. ■ [Хьэмид] фIыуэ илъагъу шым едэхащIэрт, и сокур зэIихырт, и нэхэм щIэплъэрт. Къу.С. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 609];

УАНАПIЭ седловина (лошади) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 442]; шы щIыбым щыщу уанэр зытелъ Iыхьэ. УанапIэр ихын [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 646].

ШЫБГ спина лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 573]; шы щIыб, шытх. ■ Бэдынокъуэ и гъащIэр ехь щIакIуэр и тепIэну, уанэр и пIэщхьагъыу, шыбгыр и шэтыру. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765].

ШЫБГЪЭ грудь лошади; шыбгъэ илъхьэн осмеять, унизить кого-л. [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 573]; шым и бгъэгу. ¨ шыбгъэ зремыгъэлъхьэн не давать себя в обиду. Шыбгъэ илъхьэн осмеять. ШыбгъэкIэ хьын = шыбгъэ илъхьэн. ■ Иналым жеIэ: – А къомыр щыуэныгъэу къэлъыти еплъыт, шыбгъэкIэ уахьынщ, хэутэн уащIынщ. КI.А. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ШЫБГЪЭЛЫГУБЭ грудь лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 573]; шым и бгъэм телъ лы Iувыр [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ШЫПЛIЭ холка (коня) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 577]; шым и пщэ къыхэкIыпIэ. ■ ЛIыгъур Сэтэней дахэр къыдихри и шыплIэм дэсу къежьэжащ. Ад. таур. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 768];

ШЫТХ 1. позвоночник лошади; 2. хребет, горная цепь [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 578];

ШЫЩХЬЭ 1. голова (лошади); 2. направление движения всадника; 3. устар. вертикальное положение бабки при игре в альчики; 4. перен. крупные куски твердой земли, оставленные неразрыхленными после пахоты и боронования [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; шым и щхьэ. ■ Шыщхьэр пIэщIэкIмэ, шыкIэм укIэлъымыбэнэж. Псжь. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 769].

 

  1. Шыр и ныбжь елъытауэ зэрызэхагъэкIыр

ШЫЩIЭ илъэсым нэсыху, зы илъэс зи ныбжь шы [Абазэ, Абазэ 2014: 33-34]; жеребёнок [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; шым и щIэжьейм (и шырым) и ныбжьыр илъэс ирикъуху зэреджэр. ШыщIэр джэгун. ШыщIэр и анэм щIэфын [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 770];

НЭБГЪЭФ илъэситIым къыщыщIэдзауэ щым нэсыху зи ныбжь шы (мы ныбжьым шым и сокури и кIэри еубгъу. ШыфI хъункIэ гугъэ уэзыгъэщIмэ, а лъэхъэнэм ирихьэлIэу и фIалъэр паупщI, быдэ хъун, зэгуэмычын папщIэ) [Абазэ, Абазэ 2014: 34]; жеребёнок двухлетнего возраста [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 333]; жеребенок от одного до двух лет / Илъэс-илъэситIым яку дэт ныбжь зиIэ шыщIэ. ■ Ефэндым и шы къомри, а зы нэбгъэф цIыкIум нэхъ къыдэмынэу, къуэ куум къыдахужри къаугъуеижат. Д.М. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 530];

КЪУНАЖЫН кобыла-трехлетка [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 285]; илъэс ещанэм ит шыщIэ (бзыуэ) [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 476];

КЪУНАН илъэсищ зи ныбжь шы (шым и уанэ телъхьэу ябжыр мы ныбжьыращ, абы нэмысауэ ушэс хъунукъым) [Абазэ, Абазэ 2014: 34]; жеребенок 2-3 лет, третьяк [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 285]; жеребенок-трехлеток, третьяк / Илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ (хъууэ). ■ Къунанхэм пшагъуэ гуартэу Бгы щхъуантIэхэр яхъуэкIу. КIу.Б. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 476];

ДУНАЖЫН кобыла-четырехлетка [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 91]; илъэсиплI зи ныбжь шыбз. Дунажын хакIуапщIэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 127];

ДУНАН жеребец четырех лет [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 92]; илъэсиплI зи ныбжь хакIуэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 127].

ИлъэсиплIым щхьэдэха ныбжь зиIэ шыхэм фIэщыгъэ щхьэхуэ яIэу дрихьэлIакъым, ауэ Абазэ И. мыппхуэдэ ныбжьхэмрэ абыхэм зэреджэ терминхэмрэ къехь:

ЗИ СЭКIЭГЪУЭР БЛЭКIА илъэсиплI зи ныбжь шы;

ГЪЭРИТХУ илъэситху зи ныбжь шы;

ГЪЭРИХ илъэсих зи ныбжь шы;

ГЪЭРИБЛ илъэсибл зи ныбжь шы (шым и фIыгъуэ дыдэу ялъытэр гъэриблырщ);

ГЪЭРИЙ илъэсий зи ныбжь шы;

ГЪЭРИБГЪУ илъэсибгъу зи ныбжь шы.

А къэхутакIуэм (Абазэ И.) зэритхымкIэ, «егъэлеяуэ шы щIалэ (илъэсищ иримыкъуа) е егъэлеяуэ шыжь (илъэсипщIым фIэкIа) шыгъажэхэм хагъэхьэртэкъым. Нэхъыбэу шыр шыгъажэм зэрыхагъэтыр илъэситI къудейт, илъэсиблым къыщыщIэдзауэ илъэсибгъум нэсыхут» [Абазэ, Абазэ 2014: 34].

 

  1. Гум щIащIэ/щIамыщIэ е къызэрагъэсэбэп елъытауэ шыхэр зэрызэщхьэщыкIыр

ВАКIУЭШ лошадь, запрягаемая в плуг [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 52]; иривэну щIащIэ шы, вакIуэр ирилэжьэну къигъэсэбэп шы;

ГУБГЪУЭШ степная (дикая) лошадь [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 59]; губгъуэм щхьэхуиту ит шы мыгъасэ;

МЭЗЫШ дикая лошадь [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 319]; шы мыгъасэ;

УАНЭШ верховая лошадь [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 442]; верховая, скаковая лошадь / Уанэм ирагъэса, шууэ къызэрагъэкIухь шы [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 646];

ШЫГУШ упряжной конь, рабочая лошадь [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 574]; гум щIащIэ, зэрылажьэ шы [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ЩIАЩIЭ прил. упряжной, запрягаемый; шы щIащIэ [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 609].

 

  1. Шым ехьэлIа хабзэхэм, шы хэту адыгэхэм ирагъэкIуэкIыу щыта дауэдапщэхэмрэ джэгукIэхэмрэ ехьэлIа лексикэр

ДЖЭДЫКIЭЕУЭ (ДЖЭДЫКIЭКЪУТЭ) мы терминым адыгэбзэм и псалъалъэхэм ущрихьэлIэркъым, ауэ Думэн Хьэсэнрэ Абазэ Ибрахьимрэ я лэжьыгъэхэм къыщахь. Нысашэм иращIэкIыу щыта дауэдапщэхэм шым къалэн ин щигъэзащIэу щытащ. ДжэдыкIэеуэри апхуэдэщ. «Фызышэр къуажэм къыщыдыхьэжым деж, хэгъэрейхэр япежьэрти, гъуэгум зэкIэлъхьэужьу джэдыкIэ тралъхьэрт. Фызышэм хэт щIалэхэм шым зэрытесым хуэдэу здэжэм фочкIэ джэдыкIэхэр якъутэрт. ДжэдыкIэеуэм къигъэлъагъуэрт хэт нэхъ шэрыуэми, IэкIуэлъакIуэми, шууейми. Хабзэр ХХ лIэщIыгъуэм и 30–40 гъэхэм кIуэдыжащ» [Думэн 2006: 50]. Абазэ И. зэритхымкIэ, «ДжэдыкIеуэ»-мрэ «ДжэдыкIэкъутэ»-мрэ зэщхьэщокI. «ДжэдыкIеуэ»-м ехьэлIауэ мыр етх: «Фызышэ шухэм нысэр къашэу къыщыдыхьэжкIэ къуажэбгъум, уэрамхэм деж джэдыкIэ щагъэтIылъырт. Шууейхэр абы фIэкIыну хуиттэкъым, фочкIэ еуэурэ ямыкъутауэ. КъызэтеувыIэхэрт, зэбгъурыту къэувхэрти чэзууэ щIэпхъуэхэурэ еуэрт, зы къэмынэу якъутэху. Аращ пасэрейм «зы джэдыкIэ зымыкъутэф фызышэ здашэркъым» щIыжаIар» [Абазэ, Абазэ 2014: 48]. «ДжэдыкIэкъутэ»-м ехьэлIауэ къэхутакIуэм итхыр мыращ: «МырикI джэдыкIэеуэм хэту ящIу щытащ Къэбэрдей лъэныкъуэмкIэ. ДжэдыкIэр шы лъакъуэмкIэ фкъутэ иджы жаIэрти, щIым зэфIэту джэдыкIэ зытIу къыхутрагъэувэрт. Шууейхэр зыр зым кIэлъыкIуэу ежьэрт лъэхъу-лъэущуи, шы лъакъуэмкIэ джэдыкIэр якъутэрт. Зымыкъутэфи къахэкIырт: хуимыгъэзэфу е джэдыкIэм и быдагъым пэмылъэщу (джэдыкIэр зэфIэту пкъутэну гугъущ атIэ). ДжэдыкIитI зэуэ зэ ежьэгъуэм зыкъутэр Iэзэ дыдэу къалъытэрт» [Абазэ, Абазэ 2014: 4-49]. ДжэдыкIэеуэр Абазэ И. шы зыхэт нэгъуэщI Iуэхугъуэми – «Псагъэеуэм» – хуехь. Мы терминым Абазэм и тхылъым нэмыщI нэгъуэщI, лэжьыгъэхэм дыщрихьэлIакъым;

ПСАГЪЭЕУЭ адыгэхэм псагъэеуэ лIэужьыгъуэ куэд къагъэсэбэпу щытащ. Абы щыщу псом нэхърэ нэхъапэу къалъытэрт шы жэрыжэм тету псагъэ гъэнэхуа гуэрым утехуэныр. Псалъэм папщIэ, псагъэр пхъэм къыхэщIыкIауэ лъагэу яIэтырти шууейхэр зэкIэлъхьэужьу щIэжурэ еуэрт. <…> Шуджэгухэм деж псагъэ еуэ шууейхэм зыщагъасэрт икIи зэпеуэрт, я зэфIэкIыр къагъэлъагъуэрт. АпщIондэху абы еплъхэри теурт [Абазэ, Абазэ 2014: 44-45]. Абазэ И. къызэрилъытэмкIэ, «ДжэдыкIэеуэ»-р «Псагъэеуэ»-м хуэкIуауэ щытащ. Абы теухуауэ къэхутакIуэм етх: «джэдыкIэр псагъэ ящIын щIэхъуар зыгуэркIэ пыщIащ IутIыж (Пасхэ) жыхуиIэ тхьэлъэIум. Адыгэжхэр чыристэн диным щитам мартым деж «IутIыж» жари джэгушхуэ, ефэ-ешхэшхуэ ящIыжу щытащ. ДжэдыкIэеуэр абы къыщежьауэ е абы зыгуэркIэ пыщIауэ щIыхуэзгъэфащэр мыращ: «IутIыжщ» жари цIыхухэр ешхэт, ефэт, джэгу ящIырти, яужь дыдэ къихуэу псагъэ папщIэу джэдыкIэ ягъэувырти фочкIэ еуэрт. ТекIуэм къурмэн ящIа былымхэм я фэхэм щыщ иратырт. Сэджыкъу (Суджук) къалэ (Новороссийск) пэмыжыжьэу апхуэдэ джэдыкIэеуэ лIэужьыгъуэ 1818 гъэм адыгэхэм я деж щилъэгъуауэ жеIэжыр француз Тебу де Мариньи. Ар дыдэм щыхьэт тохъуэр 1837 гъэм мы хы Iуфэм Iус адыгэхэм я деж щыхьэщIа Эд. Спенсер» [Абазэ, Абазэ 2014: 48].

ШЫКIЭКЪЕШЭКI этн. вождение лицом к хвосту лошади (древний адыгский обычай, связанный с судопроизводством. Если при разбирательстве какого-л. дела кто-л. выступил на суде лжесвидетелем и это обнаружилось, то, согласно обычаю, его сажали на лошадь или осла лицом, к хвосту и водили по селу) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 575]. Думэн Хь. зэритхымкIэ, шыкIэкъешэкIыр «жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIауэ адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэщ. ХеящIэхэм Iуэху щызэхагъэкIым щыгъуэ, зыгуэр щыхьэт нэпцIу увауэ ар иужькIэ къыщIэщыжамэ, апхуэдэр, хабзэм ипкъ иткIэ, и гупэр шыкIэмкIэ щыIэу шым е шыдым трагъэтIысхьэрти къуажэм къыщрашэкIырт. А хабзэм «ШыкIэкъешэкIкIэ» еджэрт» [Думэн 2006: 193];

ШЫНЫБЭГУЩIЭПЩ шыр щIэпхъуауэ здэкIуэм лIым зыкъригъэлэлэхт, шыныбэгу щIагъым щIэпщырти уанэгум къитIысхьэжырт. Хэти фIыуэ къыгуроIуэ апхуэдэ Iэмалыр бийм ущыпэщIэткIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур, кърибгъэпцIэну, ирибгъэбэлэрыгъыну уасэ зэримыIэр [Абазэ, Абазэ 2014: 44]. Мы терминыр Абазэ Ибрахьим нэмыщI нэгъуэщIым къыхигъэкIыу е псалъалъэхэм иту дрихьэлIакъым;

ШЫПЭРЫТ нысашэ хабзэм щыщщ. Ипэ зэманым нысащIэм щIату щыта уасэм щыщ Iыхьэщ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, уасэм зы шы-уанэ зэтелъ хагъэхьэрт. Ар Iэмал имыIэу хъыджэбзым и анэ дэлъхум Iыхьэу иратырт. Шыр ауэ къызэрыгуэкIыу мыхъуу, хэплъыхьауэ щытын хуейт. Абы «ШыпэрыткIэ» еджэрт. Хабзэр ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм кIуэдыжащ» [Думэн 2006: 193];

ШЫЩIЭХУЭ этн. въезд в дом на лошади (во время свадьбы любой мог въехать в дом на лошади. Девушки должны были привязать носовые платки к гриве коня. Обычай существовал до 60-х гг. 20 в.) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]. ШыщIэхуэр «адыгэ нысашэм хэта хабзэщ. Джэгу щекIуэкI унэм шым зэрытесу щIыхьэу щытащ. Унэм шыкIэ щIыхьэну хуитащ, ар гъуэгурыкIуэ ирехъу е хьэгъуэлIыгъуэм хъуэхъуакIуэ къэкIуауэ щрет. Унэм шууэ щIыхьэным «ШыщIэхуэкIэ» еджэу щытащ (еплъ «Шурылъэс» пс.). Джэгум хэт хъыджэбзхэм шым бэлътоку кIэращIэрти, къыщIагъэкIыжырт. Хабзэр ХХ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм кIуэдыжащ» [Думэн 2006: 194];

ШУРЫЛЪЭС игра-состязание пеших со всадниками [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; жьы шухэр шыхэм кърадзыхыну, модрейхэми зыкърамыгъэдзыхыну хэту, лъэсхэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэу щыта джэгукIэ (цIыху куэд къызэкIуалIэ дауэдапщэхэм ирихьэлIэу ящIт). ■ Шурылъэсым шухэр щытекIуамэ, ахэм я нэхъыжьым и шыр унэм щIихуэрти, хъыджэбзхэм шыр ягъэщIэращIэрт. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762]; Тхыдэдж Думэн Хьэсэн зэритхыжымкIэ, шурылъэсыр «адыгэ фызышэм хэта джэгукIэщ. Нысашэр пщIантIэм къыдыхьэжа иужь, щIалэгъуалэм гупитIу загуэшырт. Зы гупыр шым тест, адрейр лъэст. Шухэр нысащIэр здыщIаша унэм щIыхьэну яужь итт, лъэсхэм ахэр щIагъэхьэртэкъым. ЛъэныкъуитIми Iэщэ папщIэу баш, чы яIыгъти «зэзауэхэрт» НысащIэр зыщIэсым яфIыщIыхьашум фадэбжьэ иратырт, щIамыгъэхьамэ, лъэсхэм къахэжаныкIам ар лъагъэсырт. Шурылъэсым щIалэгъуалэр лъэрызехьагъэм, псынщIагъэм, Iэмалым хуигъасэрт. Хабзэр ХХ лIэщIыгъуэм и е 20-нэ гъэхэм кIуэдыжащ» [Думэн 2006: 191];

ШУУКIЭ ПЛЪАКIУЭ этн. страж свадебного кортежа (согласно обычаю, в состав свадебного кортежа включали одного сильного, ловкого джигита на резвой и выносливой лошади. Он ехал последним. Если при возвращении у кого-л. срывали шапку и пострадавший не смог догнать похитителя, то страж «шуукIэ плъакIуэ» должен был догнать его и отобрать шапку. Обычай в основном перестал существовать в 30-х гг. 20 в.) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; «Фызышэ кIуэ гупым шы жэр тесу зылI здашэрт. Фызышэр къыщыкIуэжкIэ, ар псоми я ужь иту къэкIуэжырт. Хабзэм тету зыгуэрым и пыIэр ирахьэжьауэ и шыр лъэщIэмыхьэмэ, ар кIэлъыщIэпхъуэрти къатрихыжырт. А шум «ШуукIэ плъакIуэкIэ» еджэрт. Хабзэр ХХ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм кIуэдыжащ» [Думэн 2006: 194];

Шым ехьэлIа хабзэхэм, шы хэту адыгэхэм ирагъэкIуэкIыу щыта дауэдапщэхэмрэ джэгукIэхэмрэ ехьэлIа лексикэр семантическэ гуп нэхъ инхэм ящыщщ, абы къэхутэныгъэ щхьэхуэ тебгъэпсыхь хъунущ. ИщхьэкIэ щызэпкърытхахэм нэмыщI, мы гупым нэгъуэщI Iуэхугъуэ, абыхэм я фIэщыгъэ термин куэд къызэщIеубыдэ. Апхуэдэхэщ: пыIэеуэ, шыгъэудж, шу джэгу, шудэгъазэ, щIакIуэелъэ, шыкъелъэ, шуеIэбых, шудэкI, шыгъажэ, дафэзехьэ шыгъажэ, шхуэмылакIэ убыдыпщIэ, н.

 

  1. Шы зехуэным елэжь, шым пыщIэныгъэ хузиIэ цIыхухэм

зэреджэ терминхэр

ХАКIУЭЗЕШЭ конюх, специально прикрепленный к жеребцам [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 474]; хакIуэхэр зыхуей хуэгъэзэныр, абыхэм кIэлъыплъыныр зи къалэн лэжьакIуэ. ■ ХакIуэ пцIэгъуэплъым хакIуэзешэм фIэкI зыри игъэшэсыркъым. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 676];

ШАУЭ II погонщик лошадей (во время сельхозработы) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 564]; щывэ, къитхъ щащI стыкIэ еуэурэ, текIиеурэ шыр зыгъакIуэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 756];

ШАУЭ-ВАУЭ погонщик лошадей и волов [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 564]; мэкъумэшым ехьэлIауэ зыгуэр щащIэкIэ шыхэмрэ выхэмрэ зыгъакIуэр. ■ Мурат иужь иту адрей пхъэIэщиплIри ежьащ, шауэ-вауэхэм «ныуамрэ» «цобымрэ» зэкIэлъагъэпIащIэу. Т.Хь. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 756];

ШУ I 1. всадник, кавалерист; 2. в знач. прил. кавалерийский; шурэ лъэсрэ я зэхуакущ (погов.) как между конным и пешим (о большой разнице); шу цIахуцIэ всадник на лошади без седла [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 570]; шым тес цIыху. ■ Нарт шур гъуэгуанэ техьэмэ, зыхуежьам нэмысу къигъазэркъым. Нарт. ¨ Шурэ лъэсрэ я зэхуакущ очень далеко [ему до него]. шу гъусэ спутник кого-л. (на коне); эскорт, сопровождающий верхом кого-л. / Шууэ зыгуэрым щIыгъуу зыщIыпIэ кIуэ цIыху. ■ Шу гъусэхэр иIэу ЛIыгъур и хэкум къашэжащ. КI.Т. Акъ.З. шу закъуэ гъуазэ жьы человек, ставший предводителем отряда, войска исключительно за боевые заслуги / ЛIыгъэ зэрыхэлъым, зауэхуэIэзэу зэрыщытым папщIэгъуазэу хах шу закъуэ. шу зэтес еплъ шу I. шу табыр жьы еплъ шу табын. шу хьэлу жьы чурек из просяной муки на сметане (берут в дорогу) / ШатэкIэ пща ху хьэжыгъэм къыхэщIыкIа хьэлу (куэдрэ зэрызэмыкIуэккIым къыхэкIыу, зекIуэ щежьэкIэ, гъуэгуанэ щытехьэкIэ гъуэмылэу къыздащтэрт). шу цIахуцIэ 1. всадник на лошади без седла / Уанэ зытемылъ шым тес. 2. зэхь. всадник без оружия, снаряжения / Iэщэншэ шу [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762];

ШУЖЬЕЙ устар. доблестный всадник [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; мэхъэша шу, шу хахуэ. ■ Ди СосрыкъуапцIэр, ди лIыфIыцIэ гъущIынэр, ди емынэ шужьейр … ди мыгъусэу дыкъежьэни хуеякъым. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762];

ШУКIАПСЭ устар. название способа ведения боя группой всадников (отступив после стремительного нападения, противников провоцировали на преследование и, рассеяв группу, уничтожали врагов по одиночке) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; япэм адыгэхэр зэрызауэу щыта Iэмал (шу гупым ятеуэрт, къыщIэпхъуэжхэрти, кIэлъыпхъэрахэр зэкIэщIэпхъауэ кIапсэлъэрышэ хъуа нэужь, зэуэ къраIуэнтIэкIти, зэрызурэ яукIхэрт) [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762];

ШУКIАШЭ устар. всадник, прикрывающий отход (при отступлении) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; къакIэлъыпхъэрахэм япэщIэувэн, ахэр зэтриIыгъэн щхьэкIэ зекIуэ, зауэ къикIыж шуудзэм, шу гупым я ужь ирагъэувэ шу хэплъыхьахэм ящыщ. ■ ЛIыр щызэхыхьэм я пашэщ, шухэм щаунэтIым пэрыжэщ, Iыхьэр щагуэшми хэмыдэ, къыщагъэзэжми шукIашэщ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762];

ШУПЭХУТЭ (ШУУПЭХУТЭ) устар. дозорный всадник [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; зауэ IуэхукIэ гъуэгуанэ тетхэм (п.п. дзэр) здэкIуэхэмкIэ шынагъуэ щыIэрэ щымыIэрэ къихутэну зи пщэ илъ шу. ■ Нэгъуейхэм я шупэхутэм Хьэсанш зыIуигъэщIащ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 762];

ШУПЕЖЬЭ устар. всадник, встретивший гостей [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; къакIуэр (п.п. хьэщIэр) къригъэблэгъэну ирагъажьэ шу. ■ ХьэщIэхэр шупежьэ хуащIри кърагъэблэгъащ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999:762];

ШУШЭС всадник-воин [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571];

ШУУЕЙ джигит; лихой, искусный наездник, владеющий всеми приемами джигитовки [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; шы тесыкIэкIэ IэкIуэлъакIуэ, Iэзэ. ■ Пэжщ, Къэбэрдейр фышууей лъэпкъщ. Къ.З. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 763];

ШУУЕИЛI устар. джигит, наездник; см. еще шууей [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 571]; жьы еплъ шуулI [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 763];

ШУУЛI еплъ шууей [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 763];

ШЫБЗЫХЪУЭ табунщик племенных кобылиц [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 574]; шыбз гуартэм, шыбз хакIуэпщIэм пэрыт шыхъуэ. ■ Шыхъуэхэр лIэужьыгъуэ зыкъому зэщхьэщокI: шыбзыхъуэ, лэгъупэжь, шыплъыр. Б.ТI. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ШЫГУХУ возница, кучер, ездовой, извозчик, подводчик [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 574]; шыгур зезыхуэ, гущхьэIыгъ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ШЫПЛЪЫР «шы» (лошадь) + «плъыр» (сторож, охранник) = шым (шыхэм) и плъыр, шыр (шыхэр) зыхъумэ.

ШЫСЭКI скопец лошадей / Шы сэкIыныр зи IэщIагъэ цIыху [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 769]; «шы» (конь, лошадь) + «сэкIын» (кастрировать, выхолостить, оскопить) = шы зысэкI (езысэкI);

ШЫХЪУЭ табунщик [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; шы гуартэ, хакIуэпщIэ зыгъэхъу цIыху. Колхоз шыхъуэ. шыхъуэ пщылI жьы батрак-табунщик / Шыхъуэу яIыгъ пщылI ■ КъуийцIыкIу Тэнащхэ я шыхъуэ пщылIт. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 769].

ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа терминхэм шымрэ цIыхумрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэ гуапэр, адыгэм и гъащIэм шым щиубыд увыпIэр къыхощ.

 

  1. Шым и узыфэхэм зэреджэ терминхэр

ИКЪЭ болезнь лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 170]; шыхэм къефыкI уз [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 313];

КIАБЛЭ II болезнь животных (обычно у лошадей) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 192]; Iэщым (нэхъыбэрэ шым) къеуалIэ уз зэрыцIалэ. Шыр кIаблэ хъуащ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 331];

ЛЪАКЪУЭЛЪ ревматическое заболевание ноги у лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 296]; шым и лъакъуэм къефыкI узыфэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 490];

ЛЪЭЖЬ название болезни лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 301]; шым къефыкI узыфэ. ■ Уи нэбгъэфым лъэжь пкърытщ. Iуащхь. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 495];

ЛЪЭКЪЭБ вид плоскостопия у лошадей [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 301]; зи лъэгур щIым къигъэдзыхэу еIусэ, лъэгудыгъуэ иха зимыIэ (шым хужаIэ). Шы лъэкъэб [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 495];

ПЭГЪУБЖЭ тяжелая заразная болезнь, начинающаяся внезапно; вертячка (болезнь лошадей) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 347]; вет. вертячка (болезнь лошадей) / Шы уз зэрыцIалэ, псынщIэу и Iэзэгъуэ имыгъуэтмэ, шыр щхьэзэ хъурэ къытехуэрэ илIыкIыу. ■ Шы и пIалъэ зыщIэхэм псынщIэу шы пэгъубжэр къыхагъэжри лъы фIейр кърагъэжрэ ягъэхъужу щытащ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 551];

САП вет. сап (болезнь крупного рогатого скота) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 397]; шым къефыкI уз зэрыцIалэхэм ящыщ зы. Япэм сапым шы куэд ихьу щытащ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 605];

СЭКЪАУЭ вид болезни у лошадей [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 398]; СЭКЪАУЭ еплъ сап. Шым сэкъуауэ къоуз. ¨ Сэкъауэ щIэкIын быть позади, миновать (о самом страшном) [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 606];

УЭЛМЭ болезнь ног у лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 444]; разновидность болезни ног у лошади / Шым лъакъуэкIэ къеуз узыфэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 648];

ФIЫНШЭ II заболевание лошади, раттуха [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 473]; шым къеуалIэ уз лIэужьыгъуэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 675];

ШЫНТIЫIУ вет. нарыв на спине (у лошадей) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 577]; нарыв на спине у лошади (чаще весной) / Гъатхэм шым и щIыбым лъы къижу зэрыхъум ироджэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 768];

ШЫУНТIЭIУ см. шынтIыIу [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 578];

ШЫЩХЬЭЧЫНЧЭ заболевание у лошадей (от укуса овода) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; шы узыфэ (гъудэм и джэдыкIэхэр шым и фэ щIагъым щегъэтIылъри хьэпIацIэхупс щIещIэ, шым и тхьэкIумэр гуэлэлу къонэ). Шыр шыщхьэчынчэ хъуащ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 770];

ШЫIЭКЪУ устар. тот, кто следит за лошадьми во время привала [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; гъуэгуанэ тет, зекIуэ кIуэ, къикIыж с.ху. зыщагъэпсэхукIэ яшхэм кIэлъыплъыну хаха цIыху. ■ Куэдрэ пэмыту шыIэкъуу къагъэна Мусэ и деж гупыр нэсыжащ. Д.М. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 770];

ШЫIЫГЪ коновод (охраняющий лошадей во время боя) [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; коновод (человек, которому всадники поручают охранять лошадей во время сражения, боя) / Шыр зрагъэIыгъ, зрагъэхъумэ цIыху. ■ Зыр шыIыгъыу къэдгъанэри, адрейхэр мывэхьэдзэ дурэшым дыдэтIысхьащ. IуэрыIу. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 770].

 

  1. Шы Iэпслъэпсхэмрэ шым ирахьэлIэ хьэпшыпхэмрэ

Шым кIэлъызэрахьэу щыта хьэпшыпхэмрэ шы Iэпслъэпсхэмрэ къагъэхъу семантическэ гупыр нэхъ инхэм, термин нэхъыбэ дыдэ къызэщIэзубыдэхэм ящыщщ. Ахэр псори мы Iыхьэм и кIуэцIкIэ къыщытхузэщIэкъуэнукъым, а семнатическэ гупыр къэхутэныгъэ щхьэхуэ тебгъэпсыхьын хуэдизу зыубгъуащ, апхуэдэу щытми, абы щыщ термин зыбжанэм я мыхьэнэр дгъэнэхуэнщ:

БГЪЭИДЗЭ часть хомута / Шыпэидзэр зращIэу хамутыбгъэм ида фэ. Гур бгы задэм щехым, бгъэидзэр зэрычащ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 40];

БГЪЭРЫЩIЭ нагрудник у верховой лошади [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 38]; уанэр пымыкIуэтын щхьэкIэ, уанэпхъафэмрэ шыныбэпхымрэ къызэдиубыду шым и бгъэм къыфIэлъ фэ кIапэ. ■ Дыжьын бгъэрыщIэмрэ дыжьынкIэ зэщIэгъэна уанэкъуапэ лъагэмрэ, мазэм и нурыр къыщытридзэм, кIыфIым хцжьц къыщызэщIэнащ. Къэб. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 40];

ЖЬЭГЪУПС 1. сыромятный ремень, соединяющий плетку и ручку; 2. ремень, закрепляющий узду под подбородком лошади; 3. заклепка, с помощью которой укрепляется коса; 4. шнурок или ремешок, с помощью которых головной убор закрепляется под подбородком [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 118]; 1. щIопщ тхьэмпэр щIопщыкъум зэрыпыщIа фэ псыгъуэ кIыхьыр. 2. шхуэм, нахътэм жьэгъур ирищIакъузэу иIэр. 3. пыIэр щхьэрымыхун щхьэкIэ жьэгъумкIэ ирищIапхэу иIэ кIапсэ цIыкIуитIыр. 4. шэмэджыр нэхъ быдэ ищIу ираIулI гъущI кIапэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 179];

КЪАМЫШЫ плеть [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 220]; къамышы камча / Къу иIэу, и псыр кIэщIу шум шыр зэригъакIуэ; щIопщ. къамышы тхьэмпэ кожаный лепесток на конце камчи / Къамышым и кIапэм пыт фэ бгъуфIэ кIыхь. къамышы Iэпэпс петелька на конце рукоятки кнутовища камчи, надеваемая на запястье / Къамышыкъу кIапэм ищIауэ, ишауэ щыт кIапсэ кIэщI зэрыдза (Iэр, Iэпэр ираууэ) [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

КЪАМЫШЫКI рукоять, кнутовище камчи / Къамышыпсыр зыфIэщIа къу; щIопщыкъу [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

КЪАМЫШЫКЪУ еплъ къамышыкI [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

КЪАМЫШЫНАКIЭЛЪАКIЭ: къамышынакIэлъакIэ щIын избить кого-л. камчой [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

КЪАМЫШЫРАБГЪУ жьы правый бок верховой лошади ■ Шыгъуэжьу хьэм яшхыжын, къамышырабгъу кIашэ, шэсырабгъу соку. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 358];

НАЛ подкова; нал щIэлъхьэн (щIэукIэн) подковать [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 331]; нал 1. подкова / МыцIэнтхъуэн, хъума хъун щхьэкIэ шым и лъэгум щIаукIэ гъущI. Шым нал щIэлъхьэн. 2. набойка (напр. металлическая) / Шырыкъу лъэдакъэм е лъапэм щIаукIэ гъущI кIапэ цIыкIу. Шырыкъум нал щIэукIэн [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 525];

ПЭЩIЭIУАНТIЭ шы емылыджхэм е зыпэмылъэщын шыхэм еIэзэн хъумэ, абыхэм я IупщIакIэр дакъузэурэ зэраIуантIэу зэрагъэгъуэлъ Iэмэпсымэ [Абазэ, Абазэ 2014: 184]; пэщIэIуантIэ закрутка; пэщIэIуантIэ етын 1) сделать закрутку; 2) перен. сделать окончательный вывод; подбить бабки; подвести итог [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 355]; пэщIэIуантIэ I закрутка / Гур е пхырыр зэрыпха кIапсэр быдэу къуза хъун папщIэ зэраIуантIэ пхъэ кIапэ е гъущI кIапэ. ■ – НакIуэ, пхъэр къитхынщи дэтхынщ, – жиIащ си анэм, пэщIэIуантIэр къитIатэурэ. Хь.Хь. ¨ ПэщIэIуантIэ етын 1) сделать закрутку, 2) зэхь. сделать окончательный вывод; подбить бабки; пэщIэIуантIэ II бот. вика заборная (Vicia Sepium) / Зи пащIэ цIыкIухэмкIэ гъунэгъу къэкIыгъэхэм зыкIэрызыщIэ, горохфм ещхь удз. ПэщIэIуантIэр Iэщхэм фIыуэ яшх. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 558].

ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм нэмыщI, зи гугъу тщIы гупым нэгъуэщI псалъэ, термин куэди къызэщIеубыдэ: уанапIэ, уанащIэ, уанэ лъэгу, уанэ, уанэгу, уанэгурыпс, уанэгущхьэнтэ, уанэкъуапэ, уанэпхъафэ, уанэпхъэбжь, хамут, хамутбгъэпс, хамутжэрумэ, хамутнэкIулъ, хамуттебзэ, шхуэIу тхьэгъу, шхуэIу, шхуэIужъ, шхуэмылакIэ, шхуэнатIэпс, шы IумпIэ, н.

 

  1. ЩIэжьей къыщIэхъуэн/къыщIэмыхъуэн и IуэхукIэ шыхэр зэрызэщхьэщыкIыр

Мы семантическэ гупым, ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм еплъытмэ, шым ехьэлIа термину нэхъ мащIэщ къызэщIиубыдэр. Апхуэдэу щытми, шымрэ шы зехуэнымрэ ехьэлIа лексикэм зы Iыхьэ щхьэхуэу хоувэ.

АЛАЩЭ мерин [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 22]; хакIуэ сэкIа. ■ Алащэ тыкъырым тесу Жэмал къэсри къепсыхащ. Къ.Хь. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 24];

ХАКIУАПЩIЭ см. хакIуэпщIэ [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 474]; табун кобылиц с одним жеребцом / Зы хакIуэ зыхэт шыбз гуартэ. Шыбз хакIуапщIэ. ■ ХакIуапщIэр Сосрыкъуэ ирихужьащ хигъэпщыну. Нарт. [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 676];

ХАКIУЭ I жеребец [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 474]; шыбзым хагъэтын щхьэкIэ зэрахуэ шы мысэкIа. ХакIуэ къарэ. ХакIуэр мэщыщ. ■ ХакIуэ бзаджэ и анэ хуэлъэщ. IуэрыIу. ¨ хакIуэр дэгъэкIуеин подпустить жеребца к кобыле. ХакIуэр еутIыпщын = хакIуэр дэгъэкIуеин [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 676];

ХАКIУЭПЩIЭ 1. косяк лошадей; 2. трех-четырехлетний жеребец [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 474];

ШЫБЗ кобыла [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 574]; шы лъхуэ. Шыбз гуартэ. шыбз хакIуэпщIэ еплъ хакIуэпщIэ [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 765];

ШЫСЭКIА мерин [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 578]; «шы» (конь, лошадь) + «сэкIын» (кастрировать, выхолостить, оскопить) = шы сэкIа (есэкI) – «кастрированная лошадь»;

ШЫХЪУ мерин [Апажэ, КIуэкIуэ 2008: 579]; шыхэм ящыщу хъу сэкIа [Адыгэбзэ псалъалъэ... 1999: 769].

ИщхьэкIэ щедгъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, шымрэ шы гъэхъунымрэ ехьэлIа лексикэр къулейщ. Ар ди лэжьыгъэм семантическэ гуп-гупурэ щыдугуэшащ, ауэ къыхэдгъэщхьэхукIыну дызыхунэсар псалъэм, термин нэхъыбэ къызэщIэзубыдэ гупхэрщ, сыту жыпIэмэ зы статьям и кIуэцIкIэ, абы къигъэув напэкIуэцI мардэхэм къриубыдэу, термин псоми уакъытеувыIэныр е семантическэ гуп псори адыгэбзэм и лексикэ куум къыхэубзыхукIыныр Iуэху тыншкъым, апхуэдэ къалэни ди пщэ итлххьэжакъым. Псалъэм папщIэ, дэ къыхэдгъэкIахэм нэмыщI, гуп щхьэхуэ зэрогъэхъу:

шыхэр я плъыфэкIэ зэрызэщхьэщыкI лексикэр (брул, гъуэ, джэмыдэ, къарэ, къарапцIэ, къэбыфэ, тхъуэ, н.),

шы лъэпкъхэм я фIэщыгъэхэр (абыкъу, агъэн, алъп, ачэтыр, есэней, жухьэр, куэкушаул, къураты, къэбан, хуарэ, щолэхъу, н.),

шым и лъэщагъыр, бэшэчагъыр, жагъэр къэзыгъэлъагъуэ лексикэр (емылыдж, жагъыш, жьафIэ, жьей, жьэ быдэ, кIуафIэ, мыгъасэ, шыIурыщIэ, н.),

шым увыIэпIэ хуэхъу щIыпIэхэмрэ псэуалъэхэмрэ къызэрыкI лексикэр (шэщ, шыгъэджэгупIэ, шыгъэсапIэ, шы фIэдзапIэ, шыIуэ, н.)

шым е шы гъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэ къызэрыкI глаголхэр (шэсын, епсыхын, лъэхъэн, хэгъэпщын, шуун, щIэукIыкIын, н.).

Мы гупхэр къыкIэлъыкIуэ къэхутэныгъэхэм щыдджыну ди мурадщ.

Лэжьыгъэм и кIэухыу мыр къыхэгъэщыпхъэщ: шымрэ шы зехуэнымрэ ехьэлIа псалъэхэмрэ терминхэмрэ языныкъуэхэм деж я къалэнми мыхьэнэми зеубгъу, лъэпкъ зэхэщIыкIкIэ псыхьа мэхъу, абы щыгъуэми ахэр концептым хуокIуэ. Псом хуэмыдэу ар художественнэ текстым (нэхъыбэрэ усыгъэм), апхуэдэуи фразеологизмхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, жыIэгъуэхэм, зэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпхахэм (идиомэхэм) хыболъагъуэ.

 

×

About the authors

Z. G. KHUTEZHEV

Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov

Author for correspondence.
Email: zaudin-777@mai.ru

R. S. TLUPOVA

Kabardino-Balkarian State University named after H.M. Berbekov

Email: atlaskirovaradima@yandex.ru

References

  1. Абазэ 2014 – Абазэ И., Абазэ А. Адыгэ-абазэ шы лъэпкъхэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр. – Налшык: ООО «Тетраграф», 2014. – 256 н. (Абазов И., Абазов А. Страницы истории абазо-адыгских пород лошадей. – Нальчик: ООО «Тетраграф», 2014. – 256 с.) (на кабард.-черк. яз.).
  2. Апажэ, КIуэкIуэ 2008 – Апажэ М.Л., КIуэкIуэ Ж.Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Псалъэ 27000 нэблагъэ итщ / БищIо Б.Ч. и щIэныгъэ унафэм щIэту. – Налшык: Эльбрус, 2008. – 704 н. (Апажев М.Л., Коков Дж.Н. Кабардино-черкесско-русский словарь: Около 27000 слов / Под науч. ред. Б.Ч. Бижоева. – Нальчик: Эльбрус, 2008. – 704 с.) (на кабард.-черк. яз.).
  3. Думэн 2006 – Думэн Хь.М. Адыгэхэм я дауэдапщэхэр: этнографие терминхэм я псалъалъэ кIэщI. – Налшык: 1905 гъэм екIуэкIа Революцэм и цIэкIэ Полиграфкомбинат, «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэ центр, 2006. – 216 н. (Думанов Х.М. Краткий словарь этнографических терминов кабардино-черкесского языка. – Нальчик: Республиканский полиграфкомбинат им. Революции 1905 г. Издательский центр «Эль-Фа», 2006. – 216 с.) (на кабард.-черк. и русск. яз.).
  4. Адыгэбзэ псалъалъэ… 1999 – Адыгэбзэ псалъалъэ: псалъэ 31000 нэблагъэ итщ / Багъ П.М. и редакцэм щIэту. – М.: Дигорэ, 1999. – 852 н. (Словарь кабардино-черкесского языка: Около 31000 слов. – М.: Дигора, 1999. – 852 с.) (на кабард.-черк. яз.).

Supplementary files

Supplementary Files
Action
1. JATS XML

Copyright (c) 2020 KHUTEZHEV Z.G., TLUPOVA R.S.

Creative Commons License
This work is licensed under a Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».