Artistic conflict and the characters of the fairy-tale play "The starstone" by Nelly Lukozheva

Cover Page

Cite item

Full Text

Abstract

The article explores the contribution of Nelly Lukozheva to the development of the genre in the Adyghe children’s dramatic tale. Until now, in Adyghe literary criticism, there is no research work on modern children’s literature, and many genres of Adyghe children’s literature and drama are still poorly studied. The appeal of the playwright-librettist Nelly Lukozheva to folklore motives in globalization problems should be considered as a certain trend that has recently been noted in domestic multinational literature. Currently, the genre of literary fairy tale in the Kabardino-Circassian language occupies an important place in modern Adyghe literature. The world of the author’s artistic fairy tales reflects the life philosophy of the author and the moral and ethical norms and laws of society and the state, transmitted through symbols, signs, metaphors and various sentiments. The play-fairy tale “Starstone” by Nelly Lukozheva provides a relevant subject of research, because the author turns his close attention to the cultural, ethnic, lexical and social functions of fairy tales. Therefore, the emergence of recent works of drama makes it possible to touch the spiritual culture of the Adyghe people. Dramatic works as fairy tale plays are of special scientific interest both in theoretical terms and in studying the forms and features of the existence of folklore. The proposed article also draws attention to the presence in the fairy tale play of Nelly Lukozheva of ethnic information at the level of themes, ideas, style and some specific aspects, reveals artistic conflict and gives images of the heroes characteristics in her fairy tale play “Starstone.”

Full Text

АдыгэбзэкIэ тха сабий литературэр ди художественнэ литературэм и зы Iыхьэщ, ещхьыркъабзэуи сабий драматургиери а литературэм и зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ адрейхэм нэхъри нэхъ гугъущ. Арагъэнщ тхакIуэ куэдым а жанр мытыншым зыщIрамыпщытри.

Нобэрей адыгэ сабийхэм папщIэ литературэм и щытыкIэм уригъуазэмэ, гу лъумытэу къанэркъым драматургиер усыгъэми прозэми къыкIэрыху хуэдэу зэрыщытым. Ауэ, насып диIэщи, а жанр гугъум щылажьэу, сабийхэм яхуэтхэ драматург зыбжанэ ди тхакIуэхэм яхэтщ. Абыхэм ящыщ зыщ Лыкъуэжь Нелли [Абазов, Ахметова 2015:31].

  • Адыгэ цIыхубз – либреттэтх Лыкъуэжь Нелли иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ инверсие гъэпсыкIэ зрита «МыщIэвагъуэ», адыгэ псысэхэр зи лъабжьэ пьесэ-таурыхъыр [Лукожева 2021: 108–139]. Псысэ-пьесэм къыщIэдзапIэ хуэхъуар Плъыр-дадэ и башыр (ар НэжьгъущIыдзэ къыхуихьауэ арат) ядыгъуауэ, дыгъэ къыкъуэгъэкIынри, вагъуэ исхэм я бжыгъэр зы щIыжынри хъужыртэкъым. ЗанщIэу къыжытIэнщи, фIагъ зыдэплъагъу лIыхъужьу хъуар Плъыр-дадэ, бзаджагъэ зыдэплъагъуу хъуар – отрицательнэхэр НэжьгъущIыдзэ я телъхьэу мы пьесэм гупитIу щызэпэщIэтщ.

Къуажэм и теплъэмкIэ, пщэдджыжь нэхущым дунейр къызэрыушымкIэ, Плъыр-дадэ абыхэм псоми зэрыхэлэжьыхьыр, бзухэмрэ уэрэдхэмрэ зэдежьуужу махуэр къызэрырагъыхьэмкIэ пьесэм къыщIедзэ. ЗэрыщIидзэу гурыIуэгъуэ мэхъу мы пьесэр псысэу зэрызэхэлъыр. Дадэм уэрэд щыжиIэкIэ, бзухэр къыдожьу, и Iэр ищIмэ, мазэр къыкъуокI-къуохьэж, апхуэдабзэщ дыгъэри. Япэ дыдэ сценэм деж долъагъу Плъырдадэм и башыр НэжьгъущIыдзэм зэрызыIэригъэхьэр, абы и ужьым иту зы вагъуи къызэрехуэхар. Иджы, а мэгъу башыр абы имыIэжмэ, дунейр сытым дежи кIыфIу щытыну арат. МыщIэвагъуэрэ мэлыхъуэ башымрэщ къэхъукъащIэхэм я курыкупсэм итыр. Ахэр зыIэрыхьэ лъэныкъуэр, фIыр е Iейр, дунейм тепщэ щыхъунущ.

Ауэ Плъыр дадэм зэран къыхуэхъу зэпыту - зы Iуэху зэран гуэр щыIэщ. А щIыкIэм тету щIылъэм зы гузэвэгъуэ гуэр къызэрыхъунум дыхуигъэхьэзыру аращ авторым. Апхуэдэу, щэхуу нэхуу здэщысым, уафэм, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу, адакъэшым тесрэ НэжьгъущIыдзэр зи шыплIэм дэс Уэзрэдж-ябгэр къолъэтэх. А теплъэгъуэ шынагъуэмкIэ къэхъун-къэщIэнухэм я щIэдзапIэм дыхуегъэхьэзыр авторым. А нэгущIэкIымкIэ Уэзрэдж ябгэм къуажэм фIы къазэрыхуимыхьар дегъэлъагъу. Апхуэдэурэ авторым дыхешэ пьесэ псысэм ди нэгу щыщIэкIыну Iуэхугъуэхэмрэ къэхъукъащIэхэмрэ. «МыщIэвагъуэ» пьесэ-псысэм персонаж дыщызрихьэлIэхэм я зэхуэдитIыр псэущхьэхэщ. Ахэр Алмэсты пашэ, Алмэсты хъыджэбз, Джэду, ТIы, Алмэстыхэр, хьэщхьэвылъэхэр, бзаджэнаджэ-нэджэIуджэхэр, адакъэш сымэщ.

Псэущхьэхэр мэпсалъэ, цIыхум зэрихьэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпыф, теплъэкIэ фIэкIа цIыхухэм къащхьэщыкIыркъым. ЦIыхухэр нэхъ акъылыфIэщ жыпIэнумэ, а псэущхьэхэми акъыл жан зиIэхэри яхэтщ. Ауэ псэущхьэхэм персонаж гурыхь яхэткъым, цIыхухэм зэрахэтым хуэдэу. Алмэстыхэм, Бзаджэнаджэхэм, ТIыми, Джэдуми я къалэныр зыщ НэжьгъущIыдзэ хуэпщылIын, абы и лъэныкъуэу щытын.      ХьэкIэкхъуэкIэхэр къэгъэдэIуэгъуафIэщ, ауэ ТIымрэ Джэдумрэ лей гуэр къатехьати, фызыжьым пэщIэувэжахэщ асыхьэту.

Уафэм епха теплъэгъуэхэми пьесэм щIыпIэшхуэ щаIыгъщ. Ахэр МыщIэвагъуэ (вагъуэхэр) Плъыр-дадэ зыкIэлъыплъ Мазэмрэ Дыгъэмрэщ. Иджыри мыхьэнэшхуэ тхыгъэм щиIэщ Плъыр-дадэ и мэлыхъуэ башым. «Джэлэс» псалъэр космосым щиIыгъ увыпIэ, щиIэ щытыкIэ мыхьэнэр иIэу къыщокIуэ тхыгъэм. 

Къыхэгъэщыпхъэщ ШыкъумцIий цIыхухэм Iумпэм щащIым псалъэгъу къыхуэхъур къуалэбзухэр, мазэр, дыгъэр, вагъуэхэр арауэ зэрыщытыр.

Пьесэм адыгэ IуэрыIуатэр, псысэхэр лъабжьэ хуэхъуащи, и ухуэкIэм укIэлъыплъмэ, псэущхьэхэм епха теплъэгъуэхэм увыпIэ ин щаубыд.

Нелли и тхыгъэм ущииныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар ешэлIащ лIыгъэ пхэлъын зэрыхуеймрэ персонаж гурымыхьхэм ещхьу ущытыныр зэрыемыкIумрэ. Сюжетым зи гугъу ищIхэм нэмыщI текстым куэду хэтщ узыущий лъэпкъ гупсысэхэр къызэригъэлъагъуэ псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр: «ЛIым я нэхъ мыгъуэми Iуэхугъуибгъу игу илъщ», «…Сыт уи ныбжь, жаIэу, нэхъыжьым зэремыупщIри къызгуроIуэ…»; «ЗызыщIэж щыIатэмэ, зызылIэжи щыIэнт» [Лукожева 2021: 113;115].

Пьесэм къыхощ ШыкъумцIий, НэжьгъущIыдзэ, алмэстыхэр, испы нэгъуэщIхэри [Адыгские сказки, 2018]. ШыкъумцIий – положительнэ персонажщ, адрей адыгэ IуэрыIуатэм къыщыхэщ положительнэ персонажхэм елъытауэ ШыкъумцIий бзаджэгъэ хэлъщ.

Пьесэм щыдолъагъу, я ныбжькIэ зэтемыхуэми, ижь-ижьыж лъэхъэнэ лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ миф персонажхэр. АбыхэмкIэ авторым къегъэлъагъуэ нобэ дызыхэпсэукI гъащIэм и нэщэнэхэри ди дуней зэхэтыкIэри. Нелли а персонажхэр нобэ ди нэгу щIэкI гъащIэм къришэлIащ, псэщIэ яритащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Феплъыт зэрытелъыджэм: Дахэжан жеIэ: «Абыхэм я гъусэу сурэт зытрезгъэхащэрэт» е НэжьгъущIыдзэ и псалъэхэр «космосым долъатэ» [Лукожева 2021: 117;138].

ЩIыпIэр драмэ гъэпсыкIэм ит тхыгъэм и зы Iэнэ лъакъуэщ. Аращ цIыхухэм нэмыщIкIэ миф персонажхэри зэзышалIэ шхэпсу пьесэ-псысэм къыщыкIуэри. Абы къыхэкIыу къэхъукъащIэхэр щокIуэкI зэм (псэлъахэм) зэм щIылъэм (гъащIэр щызэблэкI философие категориеу къэлъытапхъэщ), зэми щIы щIагъми (ахърэтым).

Пьесэми, тхыгъэ куэдым ещхьуи, псысэхэм хуэдэу, фIымрэ Iеймрэ, нэхугъэмрэ кIыфIыгъэмрэ щызэпэщIэтщ. ЛIыгъэ зыхэлъымрэ шынэкъэрабгъэмрэ щызэхокI. Ахэр епхащ нэхъыбэу гупитIу щызэпэщIэт гурыхь персонажхэу/лIыхъужьхэу: ШыкъумцIий, Плъыр-дадэ сымэрэ персонаж гурымыхь НэжьгъущIыдзэ, Уэзрэдж-ябгэ сымэрэ. ФIымрэ емрэ яку дэт персонажхэщ Домбей, Щхьэжь, Алмэстыпашэ, Алмэсты хъыджэбз, Испы, БжьэпIытI (Алмэсты хъыджэбзым и щауэ) Джэду, ТIы, Алмэстыхэр, хьэщхьэвылъэхэр, бзаджэнаджэ-нэджэIуджэхэр. Зэрытлъагъущи, пьесэр зытха авторым Дахэжани хьэл мыхъумыщIэ хэлъхэм дригъэгупсысын щхьэкIэ мы гупым къыхишащ.

Пьесэм къыщыкIуэ щхьэ – цIэхэмкIэ персонажхэр хэт сыт ищIысми куэд къыбжаIэ. Нобэрей театреплъхэм къазэрыщыхъунум тегузэвыхьу Лыкъуэжь Нелли пьесэр къыщигъэщIым диалог зэшыгъуэхэм, хьэлъэхэм зыдримыгъэхьэхыщэу усэхэр, уэрэдхэр хигъэуващ. А жанрхэмкIэ Нелли зэры усакIуэ-уэрэдус лъэрызехьэр аргуэру зэ дигу къигъэкIыжащ. 

Пьесэм фразеологизм куэду къыщыгъэсэбэпащ, къимыдэкIэ метафорэ, эпитет, зэгъэпщэныгъэхэр, бзэр дахэ, шэрыуэ, щIэщыгъуэ зыщI нэгъуэщI Iэмалхэри. ГъэщIэгъуэну иджыри зы Iэмалым дыщрохьэлIэ пьесэм, ар – оксюморонкIэ узэджэ хъуну щапхъэхэр зэрыхэплъагъуэрщ: (тхьэIухуд нэ закъуэу, ди нанэ ябгэ) [Лукожева 2021: 115].

Пьесэм, фIымрэ емрэ нэмыщI нэхумрэ кIыфIымрэ щызэпэщIэтщ. Псысэхэм зэрыщыхабзэщи, нэхур кIыфIым токIуэ, нарт эпосми лIыхъужьым къарум имызакъуэу бзаджагъэ, IущыгъэкIэ текIуэныгъэр къехь. Мис мы псысэ щытыкIэм и зы нэщэнэщ синкретизм жыхуэтIэр.

ЕтIуанэ теплъэгъуэм деж гу лъумытэу къанэркъым Домбейрэ Щхьэжьрэ я зэдэуэныгъэм. Ахэр тIури щхьэзыфIэфIхэщ, я щхьэ фIыуэ ялъагъуж, Дахэжан щхьэкIэ ахэр зодауэ. Домбей къарууфIэу, теплъэ дахэ иIэу зелъытэж. Щхьэжь акъылыфIэу зелъытэж, тхылъ куэду зэреджэри къыхегъэщ. Дахэжан пщащэ дахэу щыIэм ялейщ, езыми зыфIэдахэжщ, вагъуэ къехуэхари абы дежт къыздэщыхутар. Хэту пIэрэ Дахэжан и псэр а тIум языхэзу нэхъ зытхьэ-къуфынур жыхуиIэ интригэми мыбдеж къыщыщIедзэ…

ЦIыхубэм я псалъэм зы цIыхум и гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэ гупсысэр (темэр) НэжьгъущIыдзэрэ ШыкъумцIийрэ я образхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ тхыгъэм. НэжъгъущIыдзэ и псалъэхэщ мыхэр:

«ЦIыхухэр зэхыхьэри, сэ къуажэм сыкъыдахуауэ щытащ. КъысфIамыщари укIуэдыж – «убзаджэщ, убзэгузехьэщ, упцIыупсщ, удыгъэ зыбохьэ, удыгъуэгъуакIуэщ» [Лукожева 2021:  129].  ЯпэщIыкIэ зыри къыскIэлъымыкIуэж хъуат. ИтIанэ, хуэм-хуэмурэ закъуэныгъэм мэлхьэпIатIэу си псэм зыкъыхиукIэу щыщIидзэм, мис мы мэзыжьым сыкъыщIэтIысхьащи, сыщIэсщ, бзаджэнаджэ сыщIэхъухьауэ».

ШыкъумцIийри къыдахуну хунэсатэкъым иджыри, ауэ НэжьгъущIыдзэ къыдамыху щIыкIэ и гъащIэр зэрыщытам абы ейри ещхьыркъабзэт: зыми зыхагъэхьэртэкъым, къимылэжьа псалъэ гуауэхэр кърапэст, ираудыхт. Апхуэдэурэ кIуатэмэ, НэжьгъущIыдзэ и лъэужьым иувэнкIэри хъунут ди лIыхъужь нэхъыщхьэр. Ауэ абы къыхуэзащ гугъэ гуэр къыхэзылъхьа Дахэжан (сызыхэдэн хуейхэр тIукъым, щы фохъу зэрыжиIамкIэ), къыщхьэщыжа, зыгъэгушхуа Плъыр - дадэ.

Аращ, НэжьгъущIыдзэ апхуэдэ цIыхухэм яхуэзакъым, зыдекIуэкIахэм, зыдэщIыгъуахэм хуэдэ хъуауэ аращ. Фызыжь ябгэм итIани хабзэ гуэрхэр къыхэнащ, укIытэ хэлъщ: «А - ды - дыд мыгъуэ, си напэжьыр токIри!» [Лукожева 2021: 139].  Ауэ пьесэм дызыщрихьэлIэ НэжьгъущIыдзэ къызэрыкIуэр а и хьэл-щэныфI тIэкIум текIуэдэжущ: ШыкъумцIии а фызы-жьым укIытэ зэрыхэлъыр къегъэсэбэпри абыкIэ текIуэныгъэр къехь.

Лыкъуэжь Нелли и пьесэм цIыхубз отрицательнэ персонажу къыщокIуэ НэжьгъущIыдзэ, Дахэжан, Алмэсты хъыджэбз. УвыпIэ нэхъыщхьэ пьесэм щызыIыгъхэм ящыщщ НэжьгъущIыдзэ. Ар миф персонажщ, гъущIыдзэ Iуту, а фызыжьыр бзаджэжьщ, Iеижьщ, пьесэм къызэрыщыхэщымкIэ ар къуажэм къыдахуащ бзаджэу, дыгъуэгъуакIуэу, пцIыупсу, лей зэрихьэу, щхъухь - псыхь зэрихьэу къыхужаIэри, а псор пэжу жыпIэ хъунущ, и щыхьэти пьесэм къыщокIуэ. Абы ШыкъумцIий къигъэпцIащ, Дахэжан идыгъуащ, ахэр щхъухь псыхькIэ зэIэза гъуджэмкIэ игъэпщкIуащ. Ар фызыжь нэпсейщ, вагъуэм зэрыхуейм къыщинэмыщI, ар щIалэ хъужыну хуейщ…

Игу ирилъхьа щIэпхъаджагъэхэри къехъулIэнкIэ хъунут, тIэкIу нэхъ губзыгъэIуэу щытамэ, арщхьэкIэ цIыкIум ар къигъэпцIэфащ, зыхуеяри IэщIэкIащ.

Алмэсты хъыджэбзым пьесэм зэ ущрихьэлIэу аращ, ауэ итIани, а зэм абы и Iущагъыр болъагъу, дауикI, щыалмэстыкIэ къэгубжьыгъуафIэуи, Iуплъэгъуейуи щытынущ. Абы и псэлъыхъу щIалэм, Домбей езэуа нэужь, Алмэсты хъыджэбзыр Домбейм псэгъуу къыхуагъэфащэ… Алмэсты хъыджэбзым кIэщIуи зэрызигъэкIуэдын Iэмалхэм я щэхухэмкIэ Домбей къыдогуашэ. Ауэ Домбей и нэхум и лъыхъуакIуэу здыдежьа и ныбжьэгъухэм зэрепцIыжыр жриIащ. А персонажыр отрицательнэхэм хэббжэ хъуну къыщIэкIынщ, Iей дэдмылъэгъуами, ар алмэстыхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым къыхэкIкIэ.

Вагъуэр щIым къыщIехуэха хъыджэбз тхьэIухудщ Дахэжан. Ар хъыджэбз дахэщ, тIэкIуи псынщIэщ, ар мащIэу допсэлъей, щхьэхуэфIщ, а и щхьэхуэфIагъым и зэранкIэ НэжьгъущIыдзэм идыгъун лъокI, иужькIэ ар ШыкъумцIий кърегъэл.

Лыкъуэжь Нелли итха пьесэм щызэпэщIэтщ фIымрэ емрэ. Ар занщIэу нэрылъагъу тщохъу тхакIуэм пьесэм хэт лIыхъужьхэм я цIэлейхэр къыщрибжэкIкIэ. Къэтхынщ, псалъэм папщIэ, Щхьэжь. Сыт абы авторым Щхьэжь фIищын хуей щIэхъуар? Сыт ар щIэмы-Лъакъуэжьыр, е щIэмы-Пщэжьыр? Ари тынш дыдэу гурыIуэгъуэ мэхъу. ЩIэ-Щхьэжьыр – ар губзыгъэщи, и акъылым зрегъэужьри, куэд йоджэри, икIи абы иропагэри аращ. Апхуэдэ зы лIыхъужьщщ Домбей жыхуиIэри. Ауэ ар губзыгъэкIейуэ аракъым, атIэ гъумщ, зыIэщIэлъщ. Ари икъукIэ апхуэдэ щытыкIэ зэриIэм иропагэ.

Пьесэ-псысэм и япэ теплъэгъуэ дыдэхэм къыпщыхъункIэ хъунущ щIалэхэр зэтеплъэ мыхъуу, ахэр лIыхъужь Iейуэ къыхэщу. Ауэ пьесэм и кум унэмысуи гурыIуэгъуэ мэхъу а тIум я гум фIы зэрилъыр. Зэпеуэ пэтми, Iуэху тхьэбзэ ящIэну зыхущIэкъур зы нэхур цIыхубэм къахуэзэужынырщ. 

Плъыр – дадэ и образри фIыхэм ящыщщ. Абыи и цIэм куэд къыджеIэ, къыдгурегъаIуэ. Ар бзэджагъэр дунейм къытримыгъэхьэн папщIэ дунеягъэм кIэлъоплъ, нэхумрэ жэщымрэ зыхимыгъэгъуащэу зэблегъэкI. Персонаж нэхъыщхьэхэм языхэзщ. Ауэ, гъащIэми ещхьу, ар къефыгъуэ бзаджащIэхэм тыншу ягъэпсэуркъым, къару шынагъуэхэм цIыхубэм я насыпым и символу щыт нэхугъэр фIадыгъу и мэлыхъуэ башри дэкIуэу…

АтIэ къедбжэкIа псор фIым и телъхьэмэ, Iейуэ хэтыр сыт хуэдэ лIыхъужь, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ, жыфIэнщ. ДауикI, ари Лыкъуэжь Нелли ди пащхьэ кърилъхьэфащ пьесэм и пэщIэдзэ дыдэм.  Къару шынагъуэм и лIыкIуэхэу гущыкI зыхуэпщI (отрицательнэ) персонажхэу пьесэм къыщокIуэ НэжьгъущIыдзэ, Уэзрэдж - Ябгэ, алмэстыхэр. 

ФIыр сыт щыгъуи пэжщ, нэхъ къарууфIэщ, фIыр сытым дежи ем токIуэ. Ем и къару пэлъытэу пьесэм къыщыхьащ пцIыр. Къару шынагъуэхэм я лIыкIуэхэр зэпымууэ хущIокъу пцIы зэрахъэну, псори пцIым хуашэну, пцIымрэ леймрэ дунейм къытранэу фIыуэ щыIэр ягъэкIуэдын мурад зэрахуэ. 

Лыкъуэжь Нелли и «МыщIэвагъуэ» тхыгъэр хуабагъэ къозыт IэдакъэщIэкI хъуащ. Пьесэм укъыщеджэкIэ, а хуабагъэ нэрымылъагъуу зэхэпщIэм ижь гуакIуэ къыпщIеху, IуэрыIуатэ лъахэм ухешэ, уи лъэр егъэжанри къафэм укъыхуегъэуш. Апхуэдэ щытыкIэ тхыгъэм ириткIэрэ, авторым адыгэхэм яхэлъа хьэл – щэн дахэхэр къыдегъащIэ: къэрабгъэр я Iумпэму, залымым худачыхыу, гу Iущ яIэу, я псалъэ быдэу зэрыщытам ехьэлIа гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ.

Мы тхыгъэм къыхощ Уэзрэдж-ябгъэр – ар ем и телъхьэхэм я пашэщ. Абы игу илъыр лей зэрызихьэнщ. Ар ШыкъумцIий пэщIоувэри текIуэныгъэр къыфIехь… Тхыгъэм щызэфIэгъэува персонажхэм уакIэлъыплъмэ, авторскэ импатиерэ симпатиерэ хыболъагъуэ. А приемымкIэ – «авторская позиция рассказчика» жыхуиIэм - и фIыгъэкIэ нэрылъагъу къохъур хэт Iейми, хэт фIыми. Пьесэ-псысэм псэущхьэхэм къалэн пыухыкIахэр щагъэзащIэ щIым.

Дэтхэнэ зы персонажми я гугъу дымыщIми, ц1ыху ц1ык1у гъащ1эм щылей ц1ыху темэр къригъэлъэгъуэну тхакIуэм къищтащ ШыкъумцIий. Ар абы зэрыхибжэм щыхьэт тохъуэ езы ШыкъумцIий и псалъэхэу пьесэм къыщыкIуэмкIэ: «Сэ аргуэру зыми сыхабжэркъым, Ди Тхьэ, щхьэ апхуэдэу сыкъэбгъэщIа? ЦIыху цIыкIу щыIэкъым, мурад цIыкIущ щыIэр. …» [Лукожева 2021: 116]. Мы зы Iыхьэм узыхуигъасэр, уи акъылыр зыхуишэр сыт хуэдиз гупсысэ! Дэтхэнэ зы цIыхуми дежкIэ, сабийми балигъми, мы пьесэр щхьэпэщ. Псысэу зэхэлъми, пэж къызыхомыхыфын, гъащIэм хуумыгъэдэфын, дуней узыхэтым хуомышэфын зыри хэткъым. «Инщ жыпIэу ущымышынэ, цIыкIущ жыпIэу утемыгушхуэ» [Лукожева 2021: 113], - жыхуиIэ псалъэжьыр мыбдеж хуэкIуэу къызолъытэ. ИкIи арщ и кIэух хъуари пьесэм. ШыкъумцIий цIыкIущ жаIэу тегушхуа псори къыхи-гъэщIащ, дунейр зыщышынэу, зэIызыщIэу псэуа НэжьгъущIыдзэ и псэупIэм къикIын шынэу, укIытэу къигъэнащ.

Плъыр-дадэ къыжиIэ «Мывэ хъурей уи япэкIэ бгъажэмэ, ухуозэж», «Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ», «Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу» [Лукожева 2021: 117], псалъэжьхэмкIэ драматург Лыкъуэжь Нелли лъэпкъ гупсысэм и къарур къегъэлъагъуэ.

Пьесэ цIыкIум къэхъукъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд. Пьесэм щекIуэкI къэхъукъащIэ псоми щыпхырыша образ курыхщ ШыкъумцIий. Ар IэмащIэ- лъэмащIэщ, сытым дежи и закъуэщ, теплъэ щIагъуэ иIэкъым, цIыкIунитIэщ, цIыхухэм къызрапэскъым. Ахэр псори зэдэщIыгъуу башыр къалъыхъуэну йожьэ икIи ШыкъумцIий псалъэ быдэ дадэм ирет ар къихьыжыну. Ахэр алмэсты куэдым ирихьэлIахэщ, куэдми къелахэщ. Ауэ абыхэм Дахэжан яхэтыжкъым - ар НэжьгъущIыдзэм идыгъуащ. Башым и закъуэкъым ахэр иджы зылъыхъуэн хуейр, атIэ Дахэжан пщащэри къалъыхъуэжын хуейт. Нэхъ къарууфIэу, акъылыфIэу зызылъытахэр нэхъ шынэкъэрабгъэу къыщIокIыж, абыхэм я щхьэр япэ ирагъэщ, ахэр башми, Дахэжани хуеижкъым, ШыкъумцIиикI сыт къыщыщIми арэзыхэщ. А щIалитIыр зыхуей-зыхущIэкъухэр псэууэ, зыми я гугъу къамыщIу кIуэжынырт. Псом нэхърэ нэхъ Iущу, нэхъ губзыгъэу, нэхъ акъылыфIэу, куэдым гу лъызытэу къыщIэкIар ШыкъумцIийщ. Абы куэд дыдэ и фэ дэкIащ, куэд ишэчащ. Дауэ мыхъуами, ар ита и псалъэм епцIыжакъым. Абы хулъэкIащ НэжьгъущIыдзэм и деж щигъэпщкIуа щIалитIымрэ Дахэжанрэ къригъэлыну, башри къищтэжыну. ЩIалитIми зэрамыгугъауэ къыщIэкIащ ШыкъумцIий. Ар зэрыIэмащIэ-лъэмащIэм емылъытауэ бзаджэу икIи Iущыцэу къыщIэкIат. Аращ Плъыр- дадэ и псалъэхэр нэхъыбэу зыхуэгъэза хъуари. 

Мы пьесэм бэрэ къыщыгъэсэбэпащ тропхэр. Художественно - изобразительнэ Iэмалхэм ящыщ къэгъэпсэуныгъэм и щапхъэ дэ щыдолъагъу Джэдумрэ ТIымрэ я диалогхэм деж; художественнэ зэгъэпщэныгъэхэр: къуалэбзу цIыкIу; макъ жьгъру; гуп цIыкIу. Ремаркэхэр щыкуэдщ къыщыгъэсэбэпащ.         Лыкъуэжь Нелли къигъэсэбэпащ «говорящие имена» жыхуиIэ Iэмалыр. Псалъэм папщIэ, Дахэжан и цIэм къыбжеIэ, ар дахэу, зэкIужу зэрыщытыр. Домбей - зэрызэIэщIэлъыр, къарууфIэу зэрыщытыр; Щхьэжь – зэрыакъылыфIэр, нэгъуэщIхэри. Лыкъуэжь Нелли персонажхэм яфIища цIэлейхэм я фIыгъэкIэ дэ къыдощIэ абыхэм я дуней тетыкIэр, я хьэл-щэныр. 

ЩIыпIэм пьесэм увыпIэшхуэ щеубыд. ЩIыпIэ куэд къыхощ пьесэм – уэгу, Дахэжан и унэр, Алмэстыхэм я пщыIэ – унэхэр, бгъуэнщIагъ, жыгыжьым деж, НэжьгъущIыдзэм и унэр, мэзыр. А щIыпIэ дэтхэнэмкIи географие действий (щIыпIэмрэ зэманымрэ къытримыгъэзэжу, зэмыщхьу) жыхуиIэр IупщIу ди нэгу къыщIигъэувэну хулъэкIащ Нелли.

Дахэжан и образыр пьесэм и персонаж нэхъыщхьэхэм ящыщщ, щIалэхэм (ШыкъумцIий, Домбей, Щхьэжь сымэ) я ныбжьэгъущ. Ар хъыджэбз дахэм и собирательнэ образщ. Дунейм езым нэхъ дахэ темыту зыкъыфIощIыж хъыджэбзым: «Ахьей, сыдахэ!.. Дахэу щыIэм сралейуэщ зыкъызэрысщыхъужыр! Псом хуэмыдэжу иджы зысфIэдахэжщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, вагъуэ нэгъунэ уафэм къехуэхащ, сэ сщIыгъун папщIэ» [Лукожева 2021: 111]. Ар Плъыр-дадэ и мыщIэвагъуэу арат.

Плъыр-дадэ и башыр фIадыгъуа нэужь, дыгъэр афIэкI къызэрыкъуэ-мыкIынур, цIыхухэри къызэрымыушынур къыщищIам, абы жиIэрт езым нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темытыну. Ауэ езы хъыджэбзым и щхьэ апхуэдизу фIыуэ зэрилъагъум щхьэкIэ, мыгъэсауэ аракъым. Аращ Плъыр-дадэ япэу зылъэгъуар икIи хабзэм тету зигъэпсэхуну, псы иригъэфэну къезыджар. 

Езы Дахэжан мы пьесэм статичнэ персонажу фэ къыщытеуащ. Езым лэжьыгъэ куэд имыгъэзащIэми, ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ щIалищыр Плъыр – дадэ и мэлыхъуэ башыр къахьыжыну зэрежьам.

Пьесэм НэжьгъущIыдзэм и унэм щIэт гъуджэм нанэжь къэгубжьам къуаргъ лъэбжьанэм ещхь и IэпхъуамбэхэмкIэ хъыджэбзым и щхьэцыр кърешэкIри: «Зэи зыми урамылъагъуж - тIэ» [Лукожева 2021: 126], – жеIэри, хъыджэбзыр ауэ щыт гъуджэм хеери нэрымылъагъу ещI. Ауэ ШыкъумцIий гъуджэр зыхэлъа рамэм бгъэдохьэри, абы зырызурэ кърешыж и ныбжьэгъухэри, Дахэжани, Плъыр - дади, и башыр зэриIыгъыу. Ахэр, НэжьгъущIыдзэ имылъагъуу, шындэбзий щхьэгъубжэмкIэ къыщIегъэкIуэсыкIыж. ШыкъумцIий псори шыхэм трегъэтIысхьэ, егъэшэсхэри щIегъэпхъуэж.

Лыкъуэжь Нелли и пьесэ "МыщIэвагъуэм" IуэрыIуатэмрэ абы къыхэ-щыж лIыхъужьхэмрэ увыпIэ нэхъыщхьэ щаубыд. Пьесэр бзэ дахэкIэ, бзэ къулейкIэ тхащ. IуэрыIуатэ жанрым и къарур дигу къегъэкIыж, абы щызекIуэ сюжетхэм езым и творческэ авторскэ гупсысэ щIэлъу зэрегъэпэщыж, дэтхэнэ персонажми езым и шыфэлIыфэ иIэжу къокIуэ, и лIыхъужьхэр нэхъ нэIуасэ дахуэхъун пащIэ къыдегъэцIыху абы, жанр зэхуэмыдэхэм я поэтикэмрэ бзэмрэ и Iэмалхэмрэ къэгъэсэбэпкIэрэ.

Испыхэр дэ зэрытцIыхур нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъ гуэрущ. Испыхэр егъэлеяуэ къарууфIэщ, губзыгъэщ, акъылышхуэ ябгъэдэлъщ, лIыгъэшхуэ яхэлъщ, пагэхэщ. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж. Испыхэр шы папщIэу зытесыр тхьэкIумэкIыхьщ, иныжьхэр лIыщIэу ягъэлажьэ. Я тхьэмадэ жьакIэхур я пашэу ахэр къуршым щопсэу, я быдапIэхэмрэ испы унэ цIыкIухэмрэ ису. Мифым и зы вариантым зэрыжиIэмкIэ, испыхэр лъэпкъкIэ НэжьгъущIыдзэм къытекIащ. Пьесэм къыхощыж ахэр зэрызэпхар. Испы персонажым НэжьгъущIыдзэ нанэжьыр Тхьэм хуегъадэ, абы зыхуегъазэ, и лъэIухэр аращ зэхьэлIар.

Испыхэм я псэукIэр нартхэм я псэукIэм ещхьщ. Абыхэм хуэдэу мэщакIуэ, щIыгур ялэжь, Iэщ ягъэхъу; языныкъуэ нартхэм хуэдэуи испыхэр тхьэпэувщ (тхьэпэщIэтщ).

ШыкъумцIий цIыкIум и образри занщIэу уи нэгум къыщIоувэ. Абы и образыр адыгэ таурыхъхэм къыхэщыж образ нэхъыщхьэщ. А цIыкIум и къекIуэкIыкIар сабийхэм ящIэ, и хахуагъым, и губзыгъагъэм щыгъуазэщ, абы зыпащIыж. НэжьгъущIыдзи и цIэр къыхэбгъэщыну щхьэпэщ. Ар фызыжьщ, теплъэкIэ шынагъуэщ, гъущIыдзэхэр Iутщ, сабийхэр едыгъури ешх. ЦlыкIухэр щызэраным деж, къыщызэрыкIым деж НэжьгъущIыдзэ теухуа хъыбархэмкIэ ягъэшынэ, абы и теплъэм, и зекIуэкIэм, и псалъэкIэм зыпащIыж, зыгуэр имыщIэмэ, идыгъуу и унэм ихьыну жеIэ нэхъыжьым.

ЗэрыжытIащи, Лыкъуэжь Нелли и пьесэм Испы цIыкIужьейр къахуозэ ШыкъумцIий, Домбей, Щхьэжь сымэ, дуней нэху къагъуэтыжыну мэзым щыкIуам щыгъуэ. Ахэр щыпсэур испы унэт, е къуакIэбгыкIэм унэ щащIырт. Ари къыхощ мы тхыгъэм. 

Мыпхуэдэу закъыхуегъазэ Испым щIалэгъуалэм: «КIыхьлIыхь дымыхъун щхьэкIэ занщIэу вжызоIэ: си къуажэхьхэр къыфхуэщIэмэ, щIыпIэ нэхъ дахэу щыIэм яз фызот. КъыфхуэмыщIэрэ – зы лъэбакъуэ фэзгъэчкъым, икIыжыпIэри фэзгъэлъагъукъым. Хъым фижыхьауэ фисынщ. ДызэгурыIуа?» [Лукожева 2021: 120]. АбыкIэ пьесэм щыгъэбыда мэхъу испыхэр бланэу, зыми щымышынэу, я НэщIгъущIыдзэ хуэпэжу зэрыщыт гупсысэр.

Алмэстыхэр нарт эпосым и лIыхъужьхэм ящыщ зыщ. Ахэр щопсэу къуакIэбгыкIэхэм. ЩызекIуэр, къыщежьэр нэхъыбэу пшапэр зэхэуа нэужьщ. Ахэр эпосым къызэрыхэщыжымкIэ цыбэщ, уафэгъуагъуэм, уэшхым щошынэхэр. Ахэр цIыхухэми яхуэлIыщIэу щытащ, я зы щхьэц налъэ унагъуэм илъмэ, ауэ ар къагъуэтыжа иужь кIуэжыкIей яIэу, гуауэ унагъуэм къыхуагъанэу кIуэжу щытауэ жаIэж.

Пьесэм къыхэщыж Алмэсты цIыхубзым фIыуэ илъагъу иIэщ. Домбей алмэсты пелуаным Iэпщэрыбанэр къыщыфIихьам алмэстыхэм нэхъ дахэу яIэ цIыхубзыр абы псэгъуу къритыну мурад ящI, ауэ Алмэсты цIыхубзми къажреIэ щIалэхэр псынщIэу мы щIыпIэр къабгынэу щIэпхъуэжыну. «Е ахьмакъ, дахэ уищыпэлъагъу? Е лэгъунэ щауэ мыфэмыц, сыт зо си БжьэпIытIу щIалэ къуданым сыкъыщIыIэщIэпхар? Зытеубгъуэ мо си мыщафэри, зегъэхь шындэбзиймкIэ. Си щIалэм уи ныбжьэгъухэр щIыунэм къригъэкIыжауэ къыппоплъэхэр. Нэху мыщ щIыкIэ уэ укIуэсэжыфмэ, сэ лIы сратыжынущ. Аращ ди хабзэр. Фэ фыкъэзыубыдаращ сэ лIыуэ сызратынури, ди Iуэху зэблэвмыгъэууэ, псынщIэIуэу фыбгынэ ди щIыпIэр» [Лукожева 2021: 119]. Мыбдежым алмэсты цIыхубзыр щIалэщIэхэм ядэIэпыкъуа щхьэкIэ, ар щIищIар абы сэбэп яхуэхъун папщIэкъым, атIэ дэтхэнэ бзаджэнаджэми хуэдэу и щхьэ фIэкI нэгъуэщI емыгупсыс мурад иIэти, езым и Iуэху къызэрикI и лъэныкъуэкIэ ищIа Iуэхуу аращ. Алмэсты хъыджэбзыр зи хьэл щэнхэкIэ миф персонажу къыщызэтенэжащ зи гугъу тщIы мы пьесэми.

ШыкъумцIий и образу пьесэм къыщыкIуэм цIыкIухэр гулъытэ, гууз-лыуз яIэу, набдзэгубдзаплъэу, Iущу, Iэмалшыуэ, акъылыфIэу щытыным хуегъэуш. И теплъэкIэ цIыкIу щхьэкIэ, IэмащIэ - лъэмащIэми, и акъылым, и гупсысэм куууэ зиужьащ. И псэлъэкIэри, и дуней еплъыкIэри гъэщIэгъуэнщ, абы и щхьэр зыхуэкIуа Iэмалхэр куэдым яхузэфIэкIынукъым, цIыху Iущщ, жиIэнури, ищIэнури ищIэу, и псалъэр къыщигъэсэбэпыфынури ищIэжу. ЦIыхум зэрыдэIэпыкIуным фIым зэрыхуишэным щIокъу, и щхьэ ирилъыту, гущIэгъу зыхэлъ цIыхуу кьегъэлъагъуэ авторым мы образыр. Гупсысэ куэд къыхэпхыфынущ мы псысэ цIыкIум иджырей зэманым кьыпхуэщхьэпэну.   Япэрауэ, цIыхум и теплъэракъым узэплъын хуейр, атIэ и Iуэхухэрщ, и акъылырщ, дуней тетыкIэрщ. Ар тхыгъэм и кIуэцIкIэ зыIууа куэдым игъэIуща персонажщ, ШыкъумцIий, зы еплъыкIэкIэ мыхъуу, лъэныкъуэ куэдкIэ Iуэхум йогупсыс икIи ар зэрыдэкIынум хуэдэу егъэзэф.        

НэжьгъущIыдзэ бзаджэнаджэхэм ящыщ зыщ, мыщIэвагъуэр къидыгъуат, зэпымыууэ Iей фIэкI зыри дэплъагъуркъым, пьесэм и кIэм нэс укъеджэху. ЦIыхухэм зэран уахуэхъуу, е фIэкI уигу зыри имылъу, фIы ухуэзэжын?

Домбей щIалэ мыжь-мытIу пьесэм къыхощ. Абы къощохъу езым нэхъ къару щымыIэу, нэхъ теплъэ дахэ иIэу кьыщохъуж, псоми ар къарукIэ ятекIуэну и гугъэщ. Домбейрэ Щхьэжьрэ сытым щыгъуи зэпоуэхэр, хэт нэхъыфIми зэхагъэкIыну, ШыкъумцIий зыуи кърадзэкъым, «уэ теплъэ уиIэкъым, уцIыкIущ» [Лукожева 2021: 109], жраIэурэ щодыхьэшххэ. Ахэр Дахэжан къызэрыдахьэхынум щхьэкIэ зэпеуэу здэщытым къалъагъу Плъыр - дадэ. ЛIыжь къабгъэдыхьам и щхьэ кърикIуа мыгъуагъэр ныбжьыщIэхэм яреIуэтылIэ.  Абы иужькIэ Домбей, Щхьэжь, ШыкъумцIий, Дахэжан сымэ унафэ ящI башыр къахьыжынуи йожьэхэр. Домбей? къарууфIэу зыкъыщохъужри сытым дежи псоми текIуэну, къарукIэ псори къихьыфыну мэгугъэ. Ауэ, я гъуэгум фIыуэ хэщIауэ здэкIуэм, Домбейрэ Щхьэжьрэ шынэн щIадзэ. Домбей блэм Iейуэ щышынэт. Домбей къарукIэ куэд хузэфIэкIыну жиIэ щхьэкIэ, пьесэм фIыуэ уеджэмэ, щыболъагъу зэрышынэр. Ауэ сытми щыIэкъым адыгэ псалъэжь, «цIыкIущ жыпIэу утемыгушхуэ, инщ жыпIэу ущымышынэ», жиIэу.

Плъыр-дадэ пьесэм и персонаж нэхъышхьэщ. Ар мазэм щыпсэурт щынитӀ игъэхъуу (Адыгэм игъащIэ лъандэрэ жаIэ «Мазэм итщ мэлыхъуэ, мэлыхъуэ баш иIыгъыу, мэлыхъуэ пыIэ щхьэрыгъыу, щIакIуэ теубгъуауэ.). Щынэ хужьыр махуэм (символ света) мэхъуакӀуэ, жэщым - фӀыцӀэр (символ темных сил). Ауэ зы махуэ гуэрым и бийхэм и башыр къытрахри фIрахьэжьащ. А и башыр имыӀэмэ, щынэ хужьыр игъэхъуфынукъым. Плъыр-дадэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъурт - жэщымрэ махуэмрэ зэблихъурт. А башыр зыIэрызыгъэхьа БзэджащIэхэр нэхъ лъэщ хъуащ, цӀыхухэр ягъэкӀуэдыну яужь итщ… Абы къыхэкIыуи мэлыхъуэ башыр цIыхухэр дыкъэзыгъэщIа тхьэшхуэу лъапIэу лъагэм зэхэщIыкI зиIэ цIыхухэм къарита хуитыныгъэмрэ гъащIэмрэ я кIыхьагъымрэ кIэщIагъымрэ я пщалъэу (символу) солъытэ.

Плъыр-дадэ куэд и къарукIэ илэжьыну хузэфIэмыкIыжми, хэмытами болъагъу гъащӀэм и пIалъэм куууэ зэрыхищIыкIыр, куэд зэрилъэгъуар.   Плъыр-дадэ еплътэкъым цӀыхур лъэщрэ Ӏущрэ, абы къыгурыӀуэрт зэман гуэрым цӀыху нэхъ къаруншэ дыдэр нэхъ лъэщ дыдэу, нэхъ Ӏущ дыдэу къызэрыщӀэкӀыфынур. КъыщӀэкӀащ апхуэдэ цӀыхуу ШыкъумцIий.

Пьесэм и кIыхьагъкIэ зэгъусэу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэдэщIыгъуу щызекIуэр Щхьэжьрэ Домбейрэщ. А тIур сытым дежи зодауэ, зоныкъуэкъу, я зэхуаку псалъэмакъ гуэр дэлъщ. Щхьэжь хуабжьу фIэфIщ и щхьэ щытхъужыну ("Сэ сынэхъ тIасхъэ цIыкIу уимыгугъэ... Сэ тхылъу сызэджар пщIащэрэт..." [Лукожева 2021: 110]. А хьэлыр а тIум зэщхьу яхэлъу жыпIэ хъунущ. Апхуэдиз зэдауэр къэзышэр тIуми фIыуэ ялъагъу хъыджэбз тхьэIухуд Дахэжант, хэт абы пылъынуми яхузэхэмыгъэкIыу арат.

Домбей а пщащэр къафэкIэ къыдихьэхын, Щхьэжь и акъылыфIагъкIэ лъагъуныгъэ усэ къыхуоджэри Дахэжан егъэгуфIэ. Плъыр-дадэ нэхъыжьым и пащхьэ щиувами, а тIум укIытэ яхэмылъу, хабзэм темыту я щхьэ щытхъужт ("Сэр нэхъ акъылыфIи дунейм темыт!", "Сэр нэхъ къарууфIэ мы дунейм темыт!" [Лукожева 2021: 114], - зэдауэт, зэфIэнэхэт. Iуэхур зытетыр псори зэхаха, къагурыIуа нэужь, а тIум зыжьэу дадэ Iумахуэр къагъэгугъэ и мэлыхъуэ башыр къыхуахьыжыну.

Абдежми, Щхьэжь псом хуэмыдэу, нэхъ текъузауэ жеIэ ар зыхузэфIэкIынур езыр арауэ, сыту жыпIэмэ, абы "нэхъ Iущ" яхэмыту, и псалъэ игъэпэжыну къегъэгугъэхэ. Щхьэжь фIэфIт мыарэзыныгъэр, и губжьыр псалъэжькIэ къигъэлъэгъуэн. Апхуэдэу ШыкъумцIийм мэлыхъуэ башыр къихьыжыну, а Iуэхум зрипщытыну щыжиIам, Щхьэжь абы щыдыхьэшхащ, мыпхуэдэ псалъэ жагъуи иридзащ: «Уи щхьэм укIэлъыплъыжыфарэт уэ. ЗызыщIэж щыIатэмэ, зызылIэжи щыIэнт» [Лукожева 2021: 115].

Гъуэгу техьэн ипэ, Щхьэжь и гъусэхэм захуигъэзащ ущие псалъэкIэ: «Iэбэлагъым Iэпхъуамбэхэр щызэкъуэтмэ - къарущ; бийм дежкIэ IэштIымщ, фIы зигу имылъым щхьэкIэ шыкIуртIымщ; зылI и быну дызэкъуэвгъэт», [Лукожева 2021: 117].

Щхьэжь къуажэхькIи Iэзэщ, ахэр фIыуэ къещIэ. Ауэ а зэныбжьэгъуитIым хьэл мыгъуэу яхэлъар я псалъэ зэрепцIыжарщ, жаIам зэрытемытыжарщ. Дахэжан и щхьэ кърикIуам иужь, а тIур къэгузэвэжащ зыщIэгупсысыжащ, зыгуэр къащымыщI щIыкIэ ягъэзэжмэ нэхъыфIу, ирахьэжьа Iуэхур ШыкъумцIий къыхуагъэнэжмэ я щхьэ нэхъ хъума хъуну.

Щхьэжь и образым къалэнышхуэ щегъэзащIэ пьесэм. Абы и IуэхущIафэхэмкIэ, и гупсысэхэмкIэ дэ дыхуеущий, дыкъыхуреджэ къыдбгъэдэтхэм, къыддэпсэухэм зэран дахуэмыхъуну, псалъэ ттар дгъэпэжыфу, щхьэщытхъугъэр къэдгъанэу, IуэхуфI нэхъыбэ длэжьыныр псом зэрынэхъапэм дегупсысу дызэрыпсэун хуеймкIэ. ЗэрыжытIащи, пьесэм хэт псоми езым я хьэл, увыпIэ яIэжщ.

Алмэсты пашэм и образым дызэрыхуэзэр ШыкъумцIий, Щхьэжь, Дахэжан, Домбей жиIэу гъуэгъу здытетым къапэув къарум и лIыкIуэущ.   Зэныбжьэгъухэм гу лъатат абы я щытыкIэм: «УэI, сыту нэджэIуджэ мыхэр», - жиIат ШыкъумцIий. [Лукожева 2021: 117]. Иныжьхэщ, лъагъугъуейхэщ, я теплъэ закъуэм уегъэшынэ. Номинхэм хуэдэу фэкIэ ещхьщ, цыбэщ, я инагъкIэ абрагъуэщ, лъэбакъуэ ячыхукIэ макъ ин къэIуу, щызекIуэкIэ цIыхум я къэкIухьыкIэу щыт гуэрхэщ.

Нэхум и лъыхъуакIуэ ежьа зэныбжьэгъухэр алмэстыхэм къаубыдащи, ахэр яшхыну хуейуэ мэлъаIуэ алмэстыхэр. Ауэ ар Алмэсты пашэм къахуидэркъым. Пашэр зэщIэгуэукIри куэдыр зыщIигъэбырсеящ, щым хъуахэщ. Мыбдеж гурыIуэгъуэ тхуэхъунущ псоми абы пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр, жиIам пеуэну зэрыпэрымыуэр. Щым хъуахэ нэужь псалъэу зэрызахуигъэзамкIэ иджыри зы къыдощIэ: ахэр номинхэм хуэдэми, цIыху пэлъытэщ, езыхэми цIыхуу зыкъалъытэж. Япэм щыгъуэ зэрышхэу щытахэр цIыхулмэ, иджы абыхэм зэрадэпсэум къыхэкIкIэ, цIыхухэр пшхымэ, езыхэм ящыщ зы яшхыжауэ къабжыр.

Алмэстыхэр хэтт гъэр къащIа щIалэхэр НэжьгъущIыдзэ ирату, абыхэм ящIыгъу Дахэжан хъыджэбзыр езыхэм къызыхуагъэнэну. Абыхэм ябзыщIыркъым гъэунэхупIэ ихуа щIалэхэр, алмэстыхэм къагъэлъэгъуа зэпеуэ гъэунэхуныгъэм щытекIуэми, фIы защIэкIэ хуит къащIыжу гъуэгу зэрытрамыгъэхьэжынур. Уеблэмэ ахэр хьэзырщ цIыхубэ насыпыр къэзыхьыжыну ежьа щIалэхэм ящыщу текIуэм езыхэм ящыщ зы алмэсты хъыджэбз псэгъу пэлъытэу къратыну…

Пьесэм къыщыкIуэ собирательнэ образщ Алмэсты пашэр. Ар дэ нэхъ гъунэгъу къыщытхуэхъур Нэхур къэзыхьыжыну ежьа щIалэщIэхэр алмэстыхэм бгыхэм гъуэгу щыпхрашам (Алмэсты пашэм и хэщIапIэм ухуэзышэ) техьауэ щыкIуэм щыгъуэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, алмэстыхэм я щIыпIэ псэупIэр бгы щIыIэ здэщыIэращ.

Уэзрэдж-ябгэ пьесэм къыхощыж НэжьгъущIыдзэ и пщылIхэм ящыщ зыуэ. А зымкIэ гурыIуэгъуэ мэхъу абы игъэзащIэ къалэнхэр зэрыIейри. ГурыIуэгъуэщ авторым зыхуигъэувыжа къалэнри – ар хуейщ къигъэлъагъуэу хъуамкIэ цIыху дунейм тетхэм я щытыкIэр, псэукIэр зырызэмыщхьыр дигъэлъагъукIэрэ фIым дызэрыхущIэкъун хуейм дыхуиущиину.

Уэзрэдж-ябгэ цIыкIужьей щхьэкIэ къаруушхуэ хэлъщ, пхуэмыIуэтэн щытыкIэ гуэрхэри дыболъагъу, абы къыхэкIыуи гъэщIэгъуэн къытщохъу. Абы игъэзащIэ къалэн шынагъуэхэм ящыщщ благъуэ нэщIам ещхьу зыми я жьэ хуахьын къимыгъанэу и закъуэ псори зэтришхыхьыну гугъапIэ зэриIэр. ЕтIуанэращи, аращ нэхъыбэуи пьесэр зытха авторми дызыкIэлъигъэплъыну и гуращэри, гъэпцIагъэ защIэкIэ къалэн, лэжьыгъэ къыпэщылъхэр зригъэхъулIэнущ.

Уэзрэдж ябгэ адрей персонажхэм зэрахущытри гъэщIэгъуэнщ. Абы ахэр гъэпцIагъэкIэ гъунэгъу зыхуещI, къыдехьэх. ПщIэ яхуищI хуэдэурэ зещIыр, адрейхэми ар я фIэщ ящIри дзыхь хуащI. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къигъэпцIа цIыху гъуэгурыкIуэхэр къигъэIулэурэ НэжьгъущIыдзэ фызыжьым и хэщIапIэм гъунэгъуу ирешалIэ. Апхуэдэурэщ абы Дахэжан нэIуасэ дызэрыхуищIар. Ар йогупсыс Дахэжан и дахагъэр НэжьгъущIыдзэ нанэм сэбэп зэрыхуэхъуфыным абы жьыфэ къытемыуэу и гъащIэр кIыхь хъуну зэрыщIэхъупсыр къыгуроIуэуэри.

ТIы персонажым игъэзащIэ ролыр тIуащIэщ, Iейуи фIыуи пхужыIэнукъым, ауэ зыщ жыпIэфынур: ар мэлу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэр ТIым НэжьгъущIыдзэ зэрыхущытыращ, мэлхэр здахум макIуэ, дыгъужь ялъагъумэ мэшынэр, апхуэдэущ тIыр мы пьесэм зэрыхэтыр. Нэхъ куууэ уегупсысмэ, абы игъэзащIэ ролыр щIагъуэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, НэжьгъущIыдзэ доIэпыкъу, жиIэхэр егъэзащIэ. Пьесэм ТIы персонажыр къыщыхэщыр ипэ щIэдзэмрэ и кIэухымрэщ. ИкIэм къызэрыхэщыр НэжьгъущIыдзэ яубэрэжьыну зегъэхьэзыру, ипэм «Ди нанэ» жиIами, иужькIэ и кIэн къикIыжыркъыми иубэрэжьыну зегъэхьэзыр. ТIы персонажым и ухуэкIэр ебгъэщхь хъунущ урысхэм я псысэ персонаж Баба Ягам дыIэпыкъуэгъуу иIауэ щыта Кот-Баюн, Гуси-Лебеди, нэгъуэщIхэми. ЯпэщIыкIэ ахэр Баба-Яга дэщIыгъущ, ауэ икIэм игъусэжхэкъым…

Пьесэм къыхэщыж Джэду персонажым уигу къегъэкIыж урыс таурыхъ «Морозко» хэта уд фызыжьым и унэм щIэса джэду фIыцIэр. Дэтхэнэ джэдуми ещхьу, Лыкъуэжь Нелли и пьесэм къыхэщыж Джэдур джэду гъэфIэнщ. Нанэм шхыным я нэхъ IэфIыр ирегъэшх, егъафIэ, йоубзэ. «Шэч лъэпкъ къытесхьэркъым сэ нанэжь нэхъыфIу сыкъызэрилъагьум. Сэ щхьэнтибгъум сытесщ, зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъур къысхуехьри сегъэтхъэж. Тхьэм ещIэ, иджы схуипщэфIауэ сынэсыжыныр. ТхьэмщIыгъуныбэ, ныбапхъэ?». Езым хуэдэ дунейм темыту зыкъыщохъуж. ЗыфIэдахэщ, зыфIэбэлыхьщ. И гъусэр фIэделэщ, тIэкIуи зримыпэсу пIэрэ жыпIэу: «Ахьей, а хьэуазэпIэм хэлъыр, мэкъу Iэмбатэм хэшхыхьыр сэ къыспимыщIынрэ абы» [Лукожева 2021: 123]. Аращ хужиIэр ТIым.

Нанэми и джэдур фIыуэ елъагъу: «ЗэвгъэцIыху. Мыр си джэду нагъуэ цIыкIуращ. Си гъэфIэнщ. КъакIуэ мыдэ си щабэ цIыкIу» [Лукожева 2021: 127].  Джэдур быдэщ, зыми зыри иритынукъым. Сысейр сысейщ жыхуиIэщ. Нанэм хьэщIэ къыщыхуэкIуэр фIэфIкъым, зэгуоп: «Сэ сыхуейкъым, си нэр кьижу мо Iейхэм си шэр ирафыжыну, си щхьэнтэр зыщIадзыну. Нанэ и шэ пэгунибгъум сыхэфа нэужь, къауц щхьэнтэм тесыпхъэр сэращ. Зы-щыв-мы-гъэ-гъуп-щэ. ЗыщIевгъэх дахэкIэ» [Лукожева 2021: 130].

Зи унэ щIэсым ещхьу пьесэм щытлъагъу Джэду акъылышхуэ бгъэдэлъкъым. КхъузанэкIэ псы къызэрыпхуэмыхьынур занщIэу къыгурыIуакъым. Езыми НэжьгъущIыдзэ и псалъэр тIу ищIкъым, и унафэм фIэкIкъым. Iуэхугъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэм уригъуазэурэ урикIуэмэ, къыболъагъу Джэду персонажыр и нэпсеягъэм текIуэдэжа зэрыхъуа щIыкIэри. ШыкъумцIий ар гъэпцIагъэкIэ «Сэ сщIэрт ар гувэ - щIэхми, сещакIуэм, сещакIуэурэ, а щхьэ гъурыр къызэрысIэрыхьэнур, къэпым сигъапщхьи псынщIэу къэзгъэубыд а дзыгъуэ гъуамэр, гъуэмбым (гу лъытапхъэщ мыбдеж къакIуэ «гъуэмб» псалъэм ипIэкIэ «гъуэ» жиIэуэ щытын зэрыхуейм. Аннаграммэм и щапхъэщ. – А.А.) имыпщхьэж щIыкIэ» [Лукожева 2021: 133],  жиIа нэужь ар къэпым ирегъапщхьэри и щхьэр епхэж. Пьесэм и кIэух Iыхьэхэм деж апхуэдиз къыхуэзыщIарэ, апхуэдиз къезыгъэшха нанэжьым жиIэр и фIэщ мыхъуу, къелъэIукIи къимыгъанэу йокъури йожьэж.

Алмэстыхэр, хьэщхьэвылъэхэр, бзаджэнаджэхэр, нэджэIуджэхэр Нэжьгъужьыдзэ и IуэхутхьэбзащIэхэщ. Ныуэжь ябгэм жиIэр я унафэщ. Ар бзаджэнаджэрэ нэджэIуджэу дунейм тетым я гуащэщ. «ЛIэ» яжриIэ къудеймэ, абыхэм загъэлIэжыну хьэзырыххэщ. КъедбжэкIа отрицательнэ персонажхэм зэдэууэ НэжьгъущIыдзэ дунейпсом и тету, и тепщэу ябж. Абыхэм нэху ялъагъункIэ Iэмал иIэкъым, я нэхэр щоункIыфIыкI, абы и къыхэкIкIи мэз кIыфыр я хэщIапIэ-псэупIэщ.

Къару шынагъуэхэм я лIыкIуэхэм ШыкъумцIийрэ и ныбжьэгъухэмрэ гъэру къыщаубыдам, япэу яшхыну хуожьэ. ЖыпIэ хъунущ а нэджэIуджэхэм цIыху, хьэкIэкхъуэкIэ я мымыхьэмышхыу щытауэ. Псом хуэмыдэу ахэр къуейщIейщ, хьэлыншэхэщ. Абы и зы щапхъэу къэпхь хъунущ а шынагъуэжьхэм я гъэрыпIэ ихуа, Нэхум и лъыхъуакIуэ ежьа ныбжьыщIэ цIыкIухэр япхыу, щыдыхьэшхыу, я щыгъынхэр щаудыну хуейуэ, я хъуреягъыр къызэрафыхьыр.

ГущыкI зыхуозыгъэщI персонажхэм псоми зыхуэпщылI НэжьгъущIыдзэ фIыуэ ялъагъу, абы хуэпэжщ, абы папщIэ я псэр ятынущ. Езыхэм фызыжь ябгэм и дзэ хахуэм щыщ зауэлIу забжыж. Ауэ пьесэм щыпхрышащ гупсысэ куу, зэгуэр Iейуэ щытар фIы хъужыну гугъэ уигъэщIу. Феплъыт а Алмэсты пашэм жиIэм: - «цIыхухэр тшхын щыдвгъэгъэтыж, емыкIущ» [Лукожева 2021: 118]. Абы тепщIыхьмэ, жыпIэ хъунущ алмэстыхэм я IуэхущIафэкIэ замыхъуэжыпэми, фIы гуэрхэри ягу къэкIыу. ТеплъэкIэ ахэр узижэгъуэнщ, номинкIапэщ, фIалъэ япытщ.   

Алмэсты пашэ нэджэIуджэр зи ныбжь хэкIуэта Уэзрэдж ябгэщ. Ар алмэсты жьы дыдэхэм ящыщщ, абы къыхэкIкIи нэхъ губзыгъэщ, нэхъ бзаджэщ, Iэмалшыщ. Адрей алмэстыхэми ещхьу Уэзрэдж ябгэ цIыхухэм, дуней нэхум ятеплъэ хъуркъым.

Пьесэм дызыщрихьэлIэ алмэстыхэм я Iеягъымрэ я нэджэIуджагъэмрэ уемыплъмэ, цIыху хьэл-щэн дахэ гуэрхэри яхэлъу къыпщохъу. Псалъэм папщIэ, Алмэсты хъыджэбзыр фIыуэ илъагъу алмэстым дэкIуэн папщIэ, гъэрыпIэ ихуа Домбей хуит къещIыжри къыщIегъэпхъуэж.

Псори зэхуэпхьэсыжмэ, жыпIэ хъунущ Алмэстыхэр, хьэщхьэвылъэхэр, бзаджэнаджэхэр, нэджэIуджэхэр япэ еплъыгъуэкIэ деж Iейуэ, ауэ уакIэлъыжыпэмэ, фIагъ илъэныкъуэкIэ хьэл-щэн дахэхэри яхэлъу.

Пьесэм образ категориеу къыщокIуэ щIыпIэр. Зэрытлъагъущи, пьесэ-псысэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр пыухыкIауэ зы щIыпIэ гуэрым е зы топоним щхьэхуэм ешэлIауэ е епхауэ щыткъым. Абы къыхэкIкIи, къыжытIэн хуейщ «художественнэ принцип единства места, времени и действия» жыхуэтIэ пьесэ зэратх хабзэхэм авторыр тIэкIу къытекIауэ. Ар ныкъусаныгъэу къыумылъытэми мэхъу, сыту жыпIэмэ пьесэм къыщыгъэлъэгъуа щIыпIэхэм абы щыпсэум, е абдеж къыщыгъэлъэгъуа лIыхъужьым и дуней тетыкIэ къагъэлъагъуэу щытщ. Псалъэм папщIэ, Плъыр-дадэ и башымкIэ жэщыр махуэу щызэрихъуэкIкIэ Iуэхур щокIуэкI къуажэ гуэрым. Бзухэм уэрэд жаIэ, адакъэхэр маIуэ, псори кьызэщIоушэ. МыдэкIэ алмэстыхэм, бзаджэнаджэхэм я гугъу щищIкIэ Iуэхур щекIуэкIыу дигъэлъагъур бгъуэнщIагъщ. Абыхэм нэмыщI Iуэхугъуэхэр щокIуэкI мэзым, губгъуэм, НэжьгъущIыдзэ и унэжь цIыкIум.

Пьесэм ущрохьэлIэ архаизмхэм, историзмхэм (псалъэм папщIэ, гъэриб, джэлэс, пхъэшку), абы къыдэщIыгъуу мусылъымэн диным ехьэлIа псалъэхэми (ярэби, тобэ, нэгъуэщIхэри). Иужьрей щапхъэхэм тепщIыхьмэ, авторым и зэман концептыр жыжьэ дыдэ нэсыркъым…

Пьесэр псом хуэмыдэу бейщ псалъэжьхэмкIэ, дэтхэнэ зы геройми псалъэжь къыжьэдэкIащ мызэ-мытIэу. Псом нэхъыбэу псалъэжь зи бзэ къыхэхуэр Плъыр – дадэщ.   

Пасэ зэманым щыгъуэ хъуэхъухэмкIэ цIыхухэр къулейуэ щытащ. Пьесэми хъуэхъу дахэ куэди хэтщ, псалъэм папщIэ, цIыкIухэр зекIуэ щежьэм, Плъыр-дадэ яжреIэ «Сыхьэтым я нэхъыфIым тхьэм фыхуишэ!».

Пьесэ псор зытещIыхьар зэман зыхъуэжыныращ. НэжьгъущIыдзэ дуней нэхур, мазэр, дыгъэр, вагъуэхэр едыгъу, дуней псор кIыфI хъун папщIэ. Абы иужь цIыхухэр къэмыушыжыфу жейуэ къэнахэщ. Ауэ а жэщым ди лIыхъужь нэхъыщхьэхэр мыжейуэ ирихьэлIати, дуней псом нэхур къэзыхьыжыну къызытехуар ахэрщ. Махуэмрэ жэщымрэ зызыблахъун зэрыхуейр IуэхузэфIэмыбз (проблемэ) нэхъыщхьэу хоувэ.

Лыкъуэжь Нелли и пьесэр гъэщIэгъуэну зэхэгъэува хъуащ. Псом хуэмыдэу абы илъэныкъуэкIэ гу зылъыптэр къэхъукъащIэхэм (екIуэкI Iуэхугъуэхэм) я зэкIэлъыхьыкIэмрэ абыхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэмрэщ, абы имызакъуэу таурыхъ хуэмэбжьымэхэр зэрыхэтырщ. Бгъэбелджылы хъунущ Нарт эпос стилистикэр авторым фIэкъабылу зэрыщытыр, абы и хабзэ зэтеувахэм закъытриIэтыкIыщэу щымытми. Сюжет ухуэкIэ, композицэ и лъэныкъуэкIэ пьесэр зэрыщыту къапщтэмэ, езым и сюжет зиIэ мыпхуэдэ едзыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу бгуэш хъунущ:

  1. НэжьгъущIыдзэрэ абы и алмэстыхэмрэ дуней псо нэхур зэрадыгъуар. Мыр япэ дыдэ къэхъукъащIэщ. Плъыр-дадэ и «мэлхэр» игъэхъуу уафэгум ит пэтрэ, НэжьгъущIыдзэ дэнэ къикIами къыгурымыIуэу къохутэри, дыгъэр, мазэр, дуней псо нэхур, Плъыр-дадэ и башыр ядыгъу. Иджы дуней псор кIыфIу къызэтенащ, цIыхухэри къэушыфыркъым. Дадэ, и жейр фIэкIуэдауэ, и щхьэ кърикIуа мыгъуахэхэм хэкIыпIэ къахуилъыхъуэну хуожьэ.
  2. ШыкъумцIий, Домбей, Щхьэжь, Дахэжан сымэ зекIуэ зэрежьа эпизодыр зэпыщIа хъуащ. Плъыр-дадэ гъуэгум щаIуощIэ ШыкъумцIий, Домбей, Щхьэжь, Дахэжан сымэ мыжейуэ, жыг щIагъым щIэту зэпеуэ-зэдауэу. Дадэ абыхэм яхуиIуэтащ еру бзаджащIэхэм нэхумрэ и мэлыхъуэ башымрэ зэрадыгъуар. Ар зэрызэхахыу, а гупым я зэпеуэн щагъэтри, ежьэу дуней нэху псор къахьыжыну зэгуроIуэ. Мис абдеж ещанэ эпизодымрэ етIуанэмрэ зэпыщIа щохъу.
  3. Нэхумрэ Мэлыхъуэ башымрэ къэзыхьыжыну ежьа гупыр НэжьгъущIыдзэ и мэз хэщIапIэм къыщохутэ. Мыбдежым бзаджагъэ зигу къэмыкI лъыхъуакIуэхэр гъэрыпIэ йохуэ. Домбей тхьэмыщкIэжьи Алмэсты хъыджэбзым щыдихьэхым, щIежьа Iуэхур IэщIыб ищIу ар псэгъуу къишэ пэтащ. Ауэ цIыхубэ насыпым и лъыхъуакIуэ ежьа гупым гъэрыпIэм къикIыжу, а лъахэ шынагъуэм къызэрикIыжын Iэмалрэ хэкIыпIэрэ къагъуэтыфащ. Хуитыныгъэ лъагъуэм хуэкIуэ лIыхъужь цIыкIухэр здэжэм, псори зэщIыгъуу гъуэмбышхуэ гуэрым йохуэ. Ар Испым и хэщIапIэу къыщIокI.... Мыбдежым еплIанэ эпизодым къыщыщIедзэ.
  4. Испым къыIэрыхьа «лIыкIуэхэр» и бгъуэнщIагъым щызэпрегъауэ къуажэхь къэщIэнкIэ. Щхьэжь мы эпизодым и зэфIэкIхэр щыдигъэлъэгъуащ. Испым къуажэхь псори Щхьэжь къищIащ. Абы хэтуи Уэзрэдж ябгэр кърохьэлIэри Дахэжан едыгъу. АдэкIэ нэхум, дадэ и башым и лъыхъуакIуэ ежьахэм я пщэ къыдохуэ иджыри зы Iуэхугъуэшхуэ – Дахэжан кърагъэлыну. Абдеж етхуанэ эпизодыр къэубла щохъу, ныбжьыщIэхэр шынэ ямыщIэу НэжьгъущIыдзэ и хэщапIэм макIуэ.
  5. НэжьгъущIыдзэ и пэшым къыщыхута хъуа ШыкъумцIий удз фызыжьыр къегъапцIэ. Мыбдеж ШыкъумцIий зыхэт Iыхьэм щыщIедзэ. ШыкъумцIий хьэщIагъэшхуэ НэжьгъущIыдзэ зырыригъэхри, иужьыжым псыхьэ кхъузанэкIэ игъэкIуащ. Ар къэсыжыху езы гуп цIыкIури къыщIопхъуэж. И щхьэ кърапэса псор хуэмыхьыж щыхъум, НэжьгъущIыдзэ зэгуэпрэ зэгуэудурэ Плъыр-дадэ и деж къеблэгъащ.
  6. Плъыр-дадэ НэжьгъущIыдзэ хьэщIагъэ кърех. «Хъыджэбз» хьэщIэр тIэкIуи ягъэукIытэу, уэрэд хужаIэу, щагъэсащ. НэжьгъущIыдзэ и напэ текIауэ зилъытэжри и хэщIапIэм игъэзэжыпащ, абы иужь зэй къыщIэкIыжакъым.
  7. АдэкIэ Дунейпсо нэхур кърахьэлIэжри Плъыр-дадэ и вагъуэхэри иригъэтIысхьэжащ. Жэщымрэ махуэмрэ щIэрыщIэу зым зыр зызэблахъуу я гъуэгу техьэжащ.

Нелли лIыхъужьу и пьесэм хигъэхьахэм я образхэм уегъэгуфIэ, уи псэр дехьэх, тхыдэм и лъагъуэхэр зэрызэпымыужам ахэр зэрымыкIуэдыжынум урегъэгупсыс.

Драматург-либреттэтх Лыкъуэжь Нелли и фIэщ мэхъу, дэри ди фIэщ тщещI адыгэм ди къэкIуэнур зэрымахуэр, фIы къызэрытпэщылъыр. Пьесэм куэдым урегъэгупсыс, пэжыгъэм, цIыхуфIагъэм дыкъыхуреджэ. Лыкъуэжь Нелли и пьесэ - псысэм и нравственнэ-этическэ къарур инщ, адыгэ сабий литературэм и хэлъхьэныгъэфIхэм ящыщ зыщ.

 

×

About the authors

A. Ch. Abazov

Kabardino-Balkarian State University named after H. M. Berbekov

Author for correspondence.
Email: abazov1964@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-3823-393X

References

  1. Абазов, Ахметова 2015 – Абазов А.Ч., Ахметова Дж. А. Адыгские писательницы. Библиографический словарь. – Кайсери: Baskı all, 2015. – 225 с.
  2. Адыгские сказки 2018 – Адыгские сказки. Т. 2. Волшебные сказки. – Нальчик: ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – 519с.
  3. Лукожева 2021 – Лукожева Н. Звездный камень. Пьеса-сказка. На основе адыгских сказок // Ошхамахо. – 2021. – № 5. – С. 108-139

Supplementary files

Supplementary Files
Action
1. JATS XML

Copyright (c) 2022 Абазов А.C.

Creative Commons License
This work is licensed under a Creative Commons Attribution-NonCommercial 4.0 International License.

Согласие на обработку персональных данных с помощью сервиса «Яндекс.Метрика»

1. Я (далее – «Пользователь» или «Субъект персональных данных»), осуществляя использование сайта https://journals.rcsi.science/ (далее – «Сайт»), подтверждая свою полную дееспособность даю согласие на обработку персональных данных с использованием средств автоматизации Оператору - федеральному государственному бюджетному учреждению «Российский центр научной информации» (РЦНИ), далее – «Оператор», расположенному по адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А, со следующими условиями.

2. Категории обрабатываемых данных: файлы «cookies» (куки-файлы). Файлы «cookie» – это небольшой текстовый файл, который веб-сервер может хранить в браузере Пользователя. Данные файлы веб-сервер загружает на устройство Пользователя при посещении им Сайта. При каждом следующем посещении Пользователем Сайта «cookie» файлы отправляются на Сайт Оператора. Данные файлы позволяют Сайту распознавать устройство Пользователя. Содержимое такого файла может как относиться, так и не относиться к персональным данным, в зависимости от того, содержит ли такой файл персональные данные или содержит обезличенные технические данные.

3. Цель обработки персональных данных: анализ пользовательской активности с помощью сервиса «Яндекс.Метрика».

4. Категории субъектов персональных данных: все Пользователи Сайта, которые дали согласие на обработку файлов «cookie».

5. Способы обработки: сбор, запись, систематизация, накопление, хранение, уточнение (обновление, изменение), извлечение, использование, передача (доступ, предоставление), блокирование, удаление, уничтожение персональных данных.

6. Срок обработки и хранения: до получения от Субъекта персональных данных требования о прекращении обработки/отзыва согласия.

7. Способ отзыва: заявление об отзыве в письменном виде путём его направления на адрес электронной почты Оператора: info@rcsi.science или путем письменного обращения по юридическому адресу: 119991, г. Москва, Ленинский просп., д.32А

8. Субъект персональных данных вправе запретить своему оборудованию прием этих данных или ограничить прием этих данных. При отказе от получения таких данных или при ограничении приема данных некоторые функции Сайта могут работать некорректно. Субъект персональных данных обязуется сам настроить свое оборудование таким способом, чтобы оно обеспечивало адекватный его желаниям режим работы и уровень защиты данных файлов «cookie», Оператор не предоставляет технологических и правовых консультаций на темы подобного характера.

9. Порядок уничтожения персональных данных при достижении цели их обработки или при наступлении иных законных оснований определяется Оператором в соответствии с законодательством Российской Федерации.

10. Я согласен/согласна квалифицировать в качестве своей простой электронной подписи под настоящим Согласием и под Политикой обработки персональных данных выполнение мною следующего действия на сайте: https://journals.rcsi.science/ нажатие мною на интерфейсе с текстом: «Сайт использует сервис «Яндекс.Метрика» (который использует файлы «cookie») на элемент с текстом «Принять и продолжить».